«Гъавэм утеувэмэ, IэфIагъыр щIокI,» - жаIэрт. МэкъумэшыщIэурэ къэгъуэгурыкIуа адыгэм гъэр зи кIыхьагъым къилэжьам пщIэ хуигъэщIынтэкъэ? Гъавэм утригъэувэныр къэгъэнауэ, псалъэ мыхъумыщIэ жыуигъэIэнтэкъым. Аракъэ хабзэ жыхуаIэри!
#Djrz_УэщI
#УэщIрэГущIэгъурэ
#Djrz_УэщI
#УэщIрэГущIэгъурэ
«МэзчIэгъ тхьэлъэIупIэхэр адыгэхэм къагъэгъунэзэ, зэо пхъэшэ дэдэхэр зэхащэщтыгъэх. Адыгэхэм яблэнагъэрэ япытагъэрэ зынэсырэр мыщ фэдэ чIыпIэхэм дэгъоу къащылъагъощтыгъ. Сыд фэдизэу лъапIэу къафыдэкIыщтыгъэми, чIэнэгъэшхохэр ашIыщтыгъэми, ямэзчIэгъ тхьэлъэIупIэхэм пыир къарамыгъэкIолIэнэу адыгэхэр яшъыпкъэу пылъыгъэх. ГущыIэм пае, лъыбэ зыщагъэчъэгъэ зэо пхъашэу урысыдзэхэмрэ убыххэмрэ зыхэлэжьагъэр 1839-рэ илъэсым жъоныгъуакIэм и 3-м Шахэ икIэеу адыгэхэм ямэзчIэгъ тхьэлъэIупIэу щытыгъэм щыкIуагъ. ЯчIыгу залэ пэпчъ пхъашэу убыххэм къагъэгъунэщтыгъ, пыеу къажэхахьэрэм ежьхэри пчъагъэрэ филъыжьыгъэх. ЧIэнэгъабэ зэрашIыгъэм, урысхэр лъэшэу къазэрэжэхэкIуатэщтыгъэхэм ямылъытыгъэу адыгэхэр жъэжъэ дэдэу, мэкIэ-макIэу зэкIакIощтыгъэх. Пыир къазытекIо нэужи, убыххэм кIэу дзэ аугъоижьи, акIуачIэ къызэрихьэу урысхэр кIэим дафынэу пыхьэгъагъэх».
Къызыхэхыгъэр Анзор Остаховым и «Тактика лесного боя у черкесов»
#Djrz_УэщI
Къызыхэхыгъэр Анзор Остаховым и «Тактика лесного боя у черкесов»
#Djrz_УэщI
«Къонтхъым нэмыкIэу, блэнагъэу ахэлъым хъулъфыгъэ, бзылъфыгъэ гъэрыбэхэри къыпакIощтыгъэх. Къэбэртэе адыгэхэр унэхэм ашIуихьэщтыгъэх, нахь уасэ зиIэ пкъыгъохэр е къаIэкIахьэрэр гузажъохэзэ къарахыщтыгъ, ау унэхэм машIо акIадзэщтыгъэп, лэжьыгъэшIапIэхэр аулъэгущтыгъэхэп, сэнэшъхьэшIапIэхэр зэхакъутэщтыгъэхэп. «Тхьэм къыгъэкIыгъэхэмрэ цIыфым ылэжьыгъэхэмрэ сыд пае тяIэн», аIощтыгъ ахэм. КъушъхьэчIэс хъункIакIоу мыхъуныбэ зыхэлъыр ащ фэдэ хабзэм зэрэрыгъуазэрэр лIыгъэ шапхъэу плъытэмэ хъущт; гъэсэгъэшхохэр къызыхэкIыгъэ лъэпкъхэр ащ фэдэ лIыгъэшхом рыгушхоныгъэхи ащ фэдэ ежьхэм ахэлъыгъэмэ».
Къызыхэхыгъэр А. А. Бестужев-Марлинскэм и «Аммалат-бек»
#Djrz_УэщI
Къызыхэхыгъэр А. А. Бестужев-Марлинскэм и «Аммалат-бек»
#Djrz_УэщI
« -Адыгэм жыг хадэфIу куэд къагъэна?
- Куэдщ.. фIфI-ы защIэу… Ирамыудамэ, нобэр къыздэсым псори пхъэщхьэмыщхьэкIэ дрикъуатэкъэ!.. ИджыкIэ къэнэжар мащIэщ…
- ДэнкIэ умыплъэми, мэзщ, мыщхьэ жыгыр щхьэ ибудын хуей?
- Сыт щхьэкIэ?! – дыхьэшхыурэ къыспогъуэкIыж лIыжьыр. – Зи щхьэкIэращи, мыщхьэ къыпытчыну жыгым дыдэпщеину дыхуейтэкъым; ибуудрэ…, жыг щылъым зыгу из къыпхупыхт, аратэкъэ - тIэ!... Куэдым ящIэрт апхуэдэу!»
Васюков С. «С. Архипоосиповка». 1904 гъэ.

«ЛIырэ шырэ»
ЛIырэ шырэ щызэрыгъуэта лъахъэнэр жыжьэ къыщожьэ. Нартхэ я Джэмыдэжьыр, Тхъуэжьейр, Тхъуэжьыр, ЕркIагуэр Нартейм и щIыбкIи щыцIэрыIуэт. Илъэс мин бжыгъэ ипэ нэIуасэ зэхуэхъуа шымрэ адыгэмрэ я зэхуаку дэлъ хъуа зэхущытыкIэм тхыдэдж, щIэныгъэлI куэд тетхыхьащ. Е-19-нэ лIэщIыгъуэм икухэм инджылыз Спенсер Iедмунд етхыж:
"Зы хэгъэгу щIым тету къыщIэкIынкъым мы щIыпIэм ещхьу шым фIыуэ щыхущыт. НэгъуэщI зы лъэпкъи щыIэкъым, мыбыхэм хуэдэу ар зэрыбгъэсэн Iэмалхэр зыщIэ. Псом и къежьапIэр гуапагъэрщ: шым зэи еуэркъым, аращи, игу имыудауэ къохъу".
Спенсерым и лъэпкъэгъу Лонгвэрт Джон дожьур:
"Псом нэхърэ нэхъ щIэупщIэшхуэ зиIэр къэбэрдеишхэрщ. Адыгэр шым йолIалIэ, уеблэмэ, егъафIэ; зэи слъэгъуакъым адыгэр и дзадзум едэхащIэу, ауэ шыр IэплIэрэ бакIэ щIигъэнэну ифIэфIыпсщ; я унэрысым ирагъэшхыныр къазэрыфIэIуэхум нэхърэ мынэхъ мащIэу, ахэр йолIалIэ шыр зэрамыгъэмэжэлIэным".

«Джэрэз»-м и #Мэз прэектыр мэкӏуатэ.
Абэзэхэм я хэкужьыр дауэ къыфщыхъурэ?
Сурэтхэр Хъымыщкӏей къуажэм и ӏэхэлъахэм щытрахащ.
Мы жыгыжьхэм илъэс 200 хуэдиз я ныбжьщ - адыгэм дагъэкӏауэ щытащ.
#Djrz_УэщI
Абэзэхэм я хэкужьыр дауэ къыфщыхъурэ?
Сурэтхэр Хъымыщкӏей къуажэм и ӏэхэлъахэм щытрахащ.
Мы жыгыжьхэм илъэс 200 хуэдиз я ныбжьщ - адыгэм дагъэкӏауэ щытащ.
#Djrz_УэщI
АдыгэлIыр уанэгу исмэ, щIопщкIэ шыр мащIэу игъэщтэнт, ауэ игъэузу еуэнтэкъым. Абы къыхэкIкIэ, адыгэ щIопщым и тхьэмпэр фэ щабэм къыхащIыкIт. Ди лъэпкъ шым теухуауэ псалъэжь куэд къыдокIуэкI, псалъэм папщIэ:
- Адыгэм и ныбэ егъэныкъуэри, иш и ныбэ ирегъэкъу.
- Шыр увыIамэ, уемыуэ.
- ШыфI зиIэм, дамэ тетщ.
#Djrz_УэщI
#УэщIрэГущIэгъурэ
- Адыгэм и ныбэ егъэныкъуэри, иш и ныбэ ирегъэкъу.
- Шыр увыIамэ, уемыуэ.
- ШыфI зиIэм, дамэ тетщ.
#Djrz_УэщI
#УэщIрэГущIэгъурэ
ЦIыху зэпIэзырытым, Iэсэм щхьэкIэ ди япэ итахэм «вы тIыса имыгъэтэджын абы…» жаIэрт. А псалъэжьыр къызытекIар бом ущIыхьауэ Iэщ жьэгъуашхэу щысыр щхьэусыгъуэншэу къыщыпхуныр зэрагъэемыкIуарауэ къыщIэкIынщ. Ар къызыгурыIуэр цIыхур гъэсат, щысхь ищIэрт.
#Djrz_УэщI
#Djrz_УэщI
Зи бзэ мыпсалъэм ущысхьыныр ди хабзэм и зы лъэдиижьуэ апхуэдэщ. Псалъэм папщIэ, мэл лъхуэгъуэм деж чэтым пэгъунэгъуу макъышхуэ щагъэIуу ядэртэкъым. Абы къыхэкIкIэ, хьэхэр чэтым пэIудзауэ ирапхырт. Хьэ банэ макъым мэлхэр игъапхъэмэ - щэ? ЖыпIэнурамэ, пщэфIапIэм деж гъущIыпэкIэ шыуан щатхъунщIтэкъым. Адыгэм хуабжьу нэмыплъ ирахырт Iэщым, шым хуэбзаджэ цIыхум, напэмытхьэщIу Iэщым хэплъэныр куэду я жагъуэт.
#Djrz_УэщI
#Djrz_УэщI
Хабзэ гъэщIэгъуэнщ жьэрымэ зыгъэу унагъуэм япэрей тхъурыжьыр пщIантIэм дэлъ хьэм зэрылъигъэсыр! Зэ еплъыгъуэкIэ, хабзэм и къежьапIэр хьэр ямыгъэхъуэпсэн щхьэкIэ, япэрей Iыхьэр хуагъэфащэу щытауэ пщыхъунщ. ЖыпIэнурамэ, Iэщыр, джэдкъазыр умыгъэзащIэу, ушхэну утIыс зэрымыхъуну хабзэм къыпыувэ хуэдэщ. Ауэ псыпэр къыщежьэр нэхъ жыжьэу къыщIэкIынщ: Тхьэм ирещIи, пасэрей адыгэ фIэщхъуным, мифэлогием щыщ кIапэ-лъапэ гуэрщ. И купщIэр дымыщIэжми, лъэпкъым нобэр къыздэсым къыдекIуэкI зы хабзэ дахэщ. Тхузехьэмэ - фIыщ!
#Djrz_УэщI
#УэщIрэГущIэгъурэ
#Djrz_УэщI
#УэщIрэГущIэгъурэ
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
«Мэлегъажьэмрэ мэлгъэжеймрэ я Iуэтэжыр»
«Мэлегъажьэ», «мэлгъэжей» жаIэу зэхэфхат ипэкIэ? Зэхэфхамэ, фыхъупхъэщ, зэхэвмыхамэ, ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ щыпсэуа къамылапщэ Iэзэ Къущхьэхэ Iэлисэхь 1977 гъэм Налохэ Заур къригъэIуэтэжам федаIуэ.