Djarez Club
936 subscribers
2.55K photos
191 videos
20 files
299 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
加入频道
«Хьэ ныбэ» жыхуиIэр илъэсищэ енкIэ екIуэкIа лъэпкъгъэкIуэд зауэжьырщ. «Хы ныбэ» жиIэмэ, щхьэхуимыту хэкур зрагъэбгына ди цIыхухэр куэду хы ФIыцIэм зэрыхрагъэтхьэлыхьарщ.

#Djrz_Псалъафэ
«Зауэм и ужьыр хьэдагъэщ», - жиIащ адыгэм. Хэкур зэрапхъуат, ди цIыхубзыр сэлэт шырыкъупэкIэ зэрахуэрт, къащхьэщыжын цIыхухъу щIалэ исыжтэкъым – зэтраукIат, къэнар мащIэ дыдэти, гужьеигъуэт. Апхуэдэ щытыкIэ Iейм, гуIэгъуэшхуэм къыхэкIа псалъафэщ.
«ЩIэр – имыгъуэщ» – цIыхухъу щIэблэм я ныбжь нэсакъым (щIэр нэсакъым), «жьыр – игъуэджэщ» – лIыжьхэр кхъахэщ, яхуэщIэри мащIэщ, жыхуиIэщ.

#Djrz_Псалъафэ
Сыт хуэдэ Iуэху зэрына упэрымыхьэми, къыплъыкъуэмыкIми, «хъункъым» жыпIэу укъызыщIэкIуэж мыхъуу, тIыси егупсыс и хэкIыпIэ хъунум. ХэкIыпIэ зимыIэ зыри щыIэкъым.
ЖыпIэнурамэ, «Iуэхур цIыкIущ, е гугъущ» жыпIэу зэикI зомыгъэтIылъэкI икIи укъыпэрымыкI.

#Djrz_Псалъафэ
Хуэмыхуныр адыгэм нэхъ игъэемыкIуа дыдэхэм ящыщщ, и «лъапсэу» щытри цIыху мысэщ, хабзэмыщIэщ, фыгъуэнэдщ, гурымыкъщ, хыхьэкIэ-хэтыкIэ-хэкIыкIэ мыщIэщ.
Абы и пхэнж дыдэу къоув хьэрхуэрыгъэр. Хьэрхуэрыным цIыхум зэрегъэужьщ, икIи и псэукIэкIи, и IуэхущIафэ - лэжьыгъэкIи езыгъэфIакIуэ щытыкIэщ. ДауикI, апхуэдэ цIыху гъэсам удэгъуэгурыкIуэныр, щIэгъу удэхъуныр, уеблэмэ, удэпсэуныр куэду дэгъуэщ, икIи щхьэпэщ, хъуапсэ зиIэм дежкIи - щапхъэщ.
ПсалъафэмикI, къытщIэнакIэурэ, дызэхуиущийри арщ.

#Djrz_Псалъафэ
Лей зытомыгъэхьэныр, зыромыгъэхыныр цIыхум и щхьэм пщIэ зэрыхуищIыжым и нэщэнэщ. ТеIапхъэ, тегушхуэгъуафIэ умыхъун щхьэкIэ, сыт щыгъуи абы ухуэщIарэ ухуэгъэпсауэ ущытын хуейщ. Абы ухуамыгъэсамэ, зыхуомыгъэсэжамэ, тегушхуэгъуафIи, натIэрыIупIи ухъунщ, икIи укъащIынщ. КъыпщхьэщыжынIауэ ущыгугъыу, уи щхьэ укъыщхьэщымыжыжыфу ущытыныр лъэщу адыгэм игъэемыкIуащ. Апхуэдэ зыгуэрщ пасэрейм щIыжиIар: «ЛIыгъэм тегъэ ищIэркъым», - жиIэу
Фи нэм къеIэм, и псэм феIэ!

#Djrz_Псалъафэ
ЛIыгъэ щIапIэ уихуауэ, уи гур кIуэду, ушынэжу ущIегъуэжыныр, укъызыщIэкIуэжын адыгэм напэтехыу, емыкIушхуэу къилъытэт. «Узытегъэжыныр лIым икIи и напэкъым, икIи и фащэкъым», - жаIэрт нэхъыжьхэм.

*Тегъэн – щIегъуэжын, къикIуэтыжын, псалъэм темытыжын, Iуэхур нэмыс-къэмысу къэгъэнэн, емыкIухь хъун.

#Djrz_Псалъафэ
ГъащIэжьыр лъэпкъ лIэужьым къыдежьэ лъагъуэщи, абы утемыкIыу, арщхьэкIэ зыбужь зэпыту, нобэрей гъащIэм удэхъурэ удэщIу, псэуным ухуриджэрэ, къэкIуэным ухуигъэкIуэрыщIэжу псалъэжьщ.

#Djrz_Псалъафэ
Сыт хуэдэ IуэхущIафэ ирехъуи, ипэрэ икIэрэ зылъэIэсрэ гунэсу, гупсэхуу, гугъэзагъэу зыпэрыхьа IэнатIэр зымыгъэзащIэм хужаIэ псалъафэщ.

#Djrz_Псалъафэ
Игъуэу щIапхъэр, лэжьыпхъэр имыщIэрэ, кIэлъигъэсыжын, кIэлъыщIыхьэжын и гугъэу Iуэхур зылэжь хуэмыхухэм хужаIэ псалъафэщ.

#Djrz_Псалъафэ
Къыщыпхумей, къыщомыжьэ, къыщыпхуэмыныкъуэ, ущрамыгъэблэгъа, жыпIэнурамэ, уздэмыкIуапхъэ щIыпIэ укъыщыхутамэ, ягъэемыкIурэ ауаныщIу къызэрыпщIэнакIэ псэлъафэщ.

#Djrz_Псалъафэ