«Жьымыгъэхъу хущхъуэ»
Еуэри, зыгуэрым тутын ищэрти, щэхуакIуэр къригъэхъуэпсэн щхьэкIэ, щытхъурт, жи:
- Дыгъу къуигъэдыгъуркъым,
Жьы уигъэхъуркъым,
Хьэ къуигъэдзакъэкъым, - жиIэурэ.
"Мыр сыту хущхъуэ бэлыхь!" - жаIэри тутыныр зырапхъуащ.
ЩэхуакIуэ гуэрым къегъэзэжри къоупщI:
- Дауэ? жеIэри.
- Зидауэращ, - жи тутыныщэм, - уегъапсчэри уигъэжейкъым. УщымыжейкIэ дыгъу къакIуэмэ къощIэ. ЕтIуанэращи, жьы уигъэхъуркъым, пасэу уегъалIэри. Хьэ къузэримыгъэдзакъэращ - сымаджэ уещIри баш къуегъащтэ: баш пIыгъыу хьэ къодзэкъэн!
ЩэхуакIуэм жиIэнур имыщIэжу къигъанэри, тутыныщэр ежьэжащ.
#Djrz_lуэрыlуатэ

«Хъуэхъурэ гыбзэрэ»
XII – 1987 гъ. Илъэс 96 зи ныбжь Щомахуэ МатIу Исмел и къуэм (Зеикъуэ щыщу) къызэрыджиIэжамкIэ, джэгуакIуэ цIэрыIуэ Сыжажэ Къылшыкъуэ джэдыкIэжьапхъэ ирагъэшха нэужь, мыпхуэдэу хъуахъуэрт, жи, гыбзэри щIыгъуу:
- Уи джэдыр
Уи джэдэщым щIэз хъуху щIэукIацIэ,
Абыи къыщIэукIэцIыкIыжи,
Уи унэ уэрми щIэукIацIи,
Уи уэнжакъымкIэ иукIэцIыкIыж!
Ар зи жагъуэми
И джэдхэр яудыгъу,
Бгъэми ираухь,
Хьэми ираушх,
Я джэджьейхэр яшхыжу къыунэ!
Нало Заур и "Адыгэ псалъэгъэпсахэр (перемиологиер)" тхылъым щыщ.

«Пшъэшъэ шъхьахынэр»(пшысэ)
⬇️
https://www.instagram.com/p/CMhhs6LhlE0/?igshid=7oxgcer5et7h
#Djrz_lуэрыlуатэ
⬇️
https://www.instagram.com/p/CMhhs6LhlE0/?igshid=7oxgcer5et7h
#Djrz_lуэрыlуатэ
«Iэдииху и мастэIуданэ зэфIэщIар»
Iэдииху жаIэри гуащэ хъыджэбз гуэр щыIэти, пщэдджыжь къэс дахэу зихуапэрти, пщIантIэм къыдыхьэрт. Зэгуэрым зигъэщIэращIэу гъуджэм здыбгъэдэтым, бэлътоку зэрыхидыкI мастэ зэфIэщIар, нэхъ къэгъуэтыжыгъуафIэ хъунщ жыхуиIэу, и дыщэпыIэм сэмэгурабгъумкIэ хиIуащ. Ар игу ирихьри, пщэдджыжь къэс и дыщэ пыIэр щхьэритIэгъа иужькIэ, мастэ зэфIэщIар хиIужырти, здэкIуэнум кIуэрт.
- Мыр зэрищIыр сыт? – жаIэурэ куэд къеплъырт абы.
ИтIанэ зыгуэр тегушхуэри къеупщIащ:
- Уридэркъым, уридыжэркъым, мы мастэ зэфIэщIар щхьэ уи пыIэм хэлъ? – жиIэри Iэдииху и щхьэр лъагэу иIэтри,..
- Сыримыдэми сыродахэ, - жиIащ, жи.

«Баим имылъку кIэлэ тхьамыкIэм къызэрэфэнагъэр»
⤵️
https://www.instagram.com/p/CNVHCqxH3mh/?igshid=1x6zjilbokm30
#Djrz_lуэрыlуатэ
⤵️
https://www.instagram.com/p/CNVHCqxH3mh/?igshid=1x6zjilbokm30
#Djrz_lуэрыlуатэ
«Пщы жъалымымрэ ныомрэ»
⬇️
https://www.instagram.com/p/CNsLOQGhUnN/?igshid=1spncp1vecc3i
#Djrz_lуэрыlуатэ
⬇️
https://www.instagram.com/p/CNsLOQGhUnN/?igshid=1spncp1vecc3i
#Djrz_lуэрыlуатэ
«Шъуз бзаджэм къыуимышIэн щыIэп»
⬇️
https://www.instagram.com/p/COA2aLXBa7y/?igshid=1j7qk1jebv9vr
#Djrz_lуэрыlуатэ
⬇️
https://www.instagram.com/p/COA2aLXBa7y/?igshid=1j7qk1jebv9vr
#Djrz_lуэрыlуатэ
«ЗэныбджэгъуитIу»
ЗэныбджэгъуитIу щыIагъ шIу зэрэлъэгъухэу, зэкIэлъыкIохэу. Зы мафэ горэм нахьыжъыр къежьи нахьыкIэм дэжь къэкIуагъ.
- О къеблагъ, сишъэогъу, - ыIуи къыфэчэфэу къыпэгъокIыгъ.
ХьакIэр ыгъэтIыси, ежь Iэчъэ-лъачъэу, зэ унэшхом чъэу, зэ пытым
чъэу ежьагъ. ШIукIае тешIагъэу Iанэм телъ шIагъуи щымыIэу къырахьагъ. Ащ бысымыми къыдигъэзэжьыгъ.
Арэущтэу хъугъэу нахьыкIэр ежьи иныбджэгъу дэжь кIуагъэ.
ЛIыр къыфэчэфэу къыпэгъокIыгъ, хьакIэщым ригъэблэгъагъ.
ХьакIэм кIэрымыкIэу, мыIэчъэ-лъачъэу, улэу лыягъэ ымышIэу бысымыр тIысыгъэ. Бэ темышIэуи Iанэр зэтегъэпсыхьагъэу къагъэсыгъ.
Бысымым зимыгъэсысэу, бысымгуащэр псынкIэу къызэрэзекIуагъэр хьакIэм ыгъэшIэгъуагъ. ХьакIэм ыгукIэ ыгъэшIэгъуагъэм бысымым гу лъитагъ.
- СихьакIэ,- ыIуагъ ащ,- сэ уадэжь сыкъызыкIокIэ о гумэкI ухэсэдзэ. Сэ, ори уинэрылъэгъу, хьакIэ сиIэ пае сыIэчъэ-лъачъэрэп, улIмэ улэу лые умышIыжь. Ебгъэсэгъахэу щытмэ, бысымгуащэм ежь ишIэн дэшъхьахыжьыщтэп.
#Djrz_ЩыгъуэщIМахуэ