«Хьэр къэбгъапцIэмэ, накIэгуу ухъунущ», - жаIэрт. Хьэр къэбгъэпцIамэ, накIэгуу ухъуныр куэдым я фIэщ пхуэщIыжынкъым. Ауэ зи бзэ мыпсалъэр уи зэш тебгъэууэ къэбгъапцIэмэ, емыкIу хъунщ. Арщ нэщэнэжьым и купщIэр.
И цIыкIущхьэ хьэ къэзыгъапцIэу щыта къыфхэт?😀 Зыкъэвумыс.
Псалъэгъэнахуэ: накIэгуу – накIэм къытекIэ гуэрэф
#Djrz_Уэщl
#УэщIрэГущIэгъурэ
И цIыкIущхьэ хьэ къэзыгъапцIэу щыта къыфхэт?😀 Зыкъэвумыс.
Псалъэгъэнахуэ: накIэгуу – накIэм къытекIэ гуэрэф
#Djrz_Уэщl
#УэщIрэГущIэгъурэ
«Хьэр хьэ Iус пщтыр ебгъэфэреймэ, щIэхыу дэгу мэхъур», - жаIэрт. Хьэр пщтыр ефэкIэ дэгу хъуркъым, ауэ и бзэгур ес. Хэт ищIэрэ «хьэ бзэгу» жыхуаIэ псалъафэр? Куэдым зэхэфхами къыжыдоIэ: «хьэ бзэгу» зыхужаIэр пщтыр емыфэф, зымышхыф цIыхуращ. Псалъафэр жаIэ хъуауэ къыщIэкIынщ хьэм и бзэгум пщтырыр зэрыхуэмышэчым гу лъата иужь.
Хэт игъэупщIыIуу щыта, е игъэупщIыIурэ хьэIусыр хьэм хуахьын ипэ?
#Djrz_Уэщl
#УэщIрэГущIэгъурэ
Хэт игъэупщIыIуу щыта, е игъэупщIыIурэ хьэIусыр хьэм хуахьын ипэ?
#Djrz_Уэщl
#УэщIрэГущIэгъурэ
«Шэдыгъуей бгъэсынуи, псэуалъэм хэплъхьэнуи фIыкъым» - жаIэрт. Шэдыгъуейм и пхъэр быдэщ, псэуалъэми пхухэлъхьэнт, ауэ сыту пIэрэт мы нэщэнэр къыщIэхъуар? «Мырщ» жыпIэу жыIэгъуейщ, ауэ фIы къызыпыкI, шхыныпхъэ къызыхах жыг лIэужьыгъуэр яхъумэныр армырауэ пIэрэт?
Псалъэгъэнахуэ: «шэдыгъуей» – балий, балий Iэрысэ
#Djrz_Уэщl
#УэщIрэГущIэгъурэ
Псалъэгъэнахуэ: «шэдыгъуей» – балий, балий Iэрысэ
#Djrz_Уэщl
#УэщIрэГущIэгъурэ
«Бзу абгъуэм уиIэбэмэ, Iэ бэгу уохъу», - жаIэрт. Хэт имыIэбарэ и цIыкIущхьэ бзу абгъуэм? Тхьэм ирещIи, зыри Iэ бэгу фыхъуакъым. Ауэ, апхуэдизу гугъу ехьу абгъуэ зыухуа, джэдыкIэ зыгъэтIылъа бзум нанур пыIубгъэщтыкIын щхьэкIэ, куэду нэщэнэ щхьэпэт. Ноби ди щIэблэм жедывгъыIэ!
#Djrz_Уэщl
#УэщIрэГущIэгъурэ
#Djrz_Уэщl
#УэщIрэГущIэгъурэ
«Мэзытхьэ щIылъэ ныкъуэшх и жагъуэ» жери зы псалъэжь гъэщIэгъуэн дыдэ диIэщ. Абы и купщIэр аращи, къащэкIуар зэзымыгъэзахуэ, щысхь зимыIэ дэтхэнэ зыри Мэзытхьэ ифIэфIкъым жиIэу аращ. Псалъэжьым уигу къыпылъадэ хуэдиз къэпщэкIуну хуитыныгъэ узэримыIар наlуэ ещI.
#Djrz_Уэщl
#Djrz_Уэщl
🌱Адыгэм и тэтем псэущхьэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ мыщэр. Хъищэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, мыщэр цIыхуу щытат, ауэ емыкIу зэрищIам щхьэкIэ мыщэ ящIауэ арат. Мыщэм ухуэзэныр адыгэм нэщэнэфIу къалъытэрт. ЖыпIэнурамэ, цIыхум хуагъадэт, ил яшхтэкъым. Ар къыщIигъэбыдэу щыIэщ псалъэжь: "Мыщэлрэ цIыхулрэ зэхуэдэ",- жери. ЩакIуэр мыщэ Iууамэ еуэ и хабзэтэкъым. Зыхуэзар мыщэбзмэ: "БлэкI, ди шыпхъу", мыщэхъумэ: "БлэкI, ди къуэш", - жраIэрт. А псалъэм щэнсэнуэ еплът, цIыхумрэ мыщэмрэ я благъагъэр кърагъэлъагъуэрт.
Псалъэгъэнахуэ: щэнсэныгъэ – магие.
#Djrz_Уэщl
#УэщIрэГущIэгъурэ
Псалъэгъэнахуэ: щэнсэныгъэ – магие.
#Djrz_Уэщl
#УэщIрэГущIэгъурэ
ИпэкIэ зэрыжытIащи, адыгэм мыщэм пщIэ лей хуищIуэ къекIуэкIащ. Мыщэр хъий икlыу цIыхум тебэнэну хуекIуэрэ, нэгъуэщI хэкIыпIэ щымыIэжу иукIын хуей хъуамэ, зи щхьэ зыхъумэжу цIыху зыIэщIэукIам хуагъадэт. Мыщэ щIылъэ хыфIадзэтэкъым, атIэ хабзэм тету щIалъхьэжт. А хабзэхэм тетхыхьауэ щытащ Iетногрэф Iэзэмэтхэ Минкъутас. Мыщэм и пкъым и кIыхьагъыр бжэгъукIэ къапщти, абы хуэфэщэн кумб къатIт. Абы иужькIэ, мыщафэр трахт, щхьэ-лъакъуэр паупщIт, дзэпкъымрэ, блэгъу ижьымрэ къыхахт. Къэнэжа мыщэ щIылъэр и кIыхьыпIэмкIэ кумбым ирахьэхт, чырэ тхьэрыкъуэфкIэ щIауфэти, хурикъун хуэдиз щIыгулъ тракIутэжт, дыгъужьыр Iуигъэщтынуи мэлыц гъэлыгъуа тракIутэжт. ЦIыху щIалъхьауэ кхъэм къыдэкIыжыр зэрызэмыплъэкIыжым хуэдэу, мыщэ щIэзылъхьари къызэплъэкIыж хабзэтэкъым.
#Djrz_Уэщl
#Djrz_Уэщl