Хабзэм щыщ зымащlэ. Пасэрейм щыгъуэ адыгэ къуажэ къэсыхукlэ псыхъуэхъумэ-псыгъажэ цlэиlуэкlэ хэхауэ яlащ. Ар лlы узыншэ гуащlафlэу щытын хуейт, сыт щхьэкlэ жыпlэмэ, къуажэпсыр къиурэ къуажэ лъэныкъуэ гъунэр гуилъэсыкl хъумэ, псыр дигъэуэхын папщlэ. Армыхъумэ, нэпкъыр гуилъэсыкlынти, къуажэм щlэуэнт. Мыдрейуэ, псыхъуэ кlуэцlым, е къуажэ гъунэхэм куэншыб, пхъэнкlий щимыдзыпхъэм щырадзмэ, яхуидэртэкъым, япиубыдырт, сыт щхьэкlэ жыпlэмэ, къуажэ къэсыхукlэ хабзэкlэ куэншыб идзыпlэ хэхауэ яlэт, къурыкъу лъагэ хэсарэ нып хужь фlэлъыжу. Абы ебакъуэу жыlэмыдаlуэ къахэкlыж хъумэ, къуажэ унафэкlэ етхьэкъурти, lэщрэ гъавэкlэ ягъэпшынэрт.
Псыхъуэхъумэ-псыгъажэм, и лэжьыгъэм зэрыпэкlуэу, и унагъуэр зырикъун хуэдиз lэщрэ гъавэкlэ, пхъэ гъэсынкlэ, фо нэгъунэкlэ, н.къ., зэрыкъуажэу къызэрагъэпэщырт.
#Djrz_Хабзэ
Псыхъуэхъумэ-псыгъажэм, и лэжьыгъэм зэрыпэкlуэу, и унагъуэр зырикъун хуэдиз lэщрэ гъавэкlэ, пхъэ гъэсынкlэ, фо нэгъунэкlэ, н.къ., зэрыкъуажэу къызэрагъэпэщырт.
#Djrz_Хабзэ
«Адыгэ хабзэ. ГъащIэмрэ щIэинымрэ.»
⬇️
https://www.instagram.com/p/CLybTeildfn/?igshid=1os2pge8ifwok
#Djrz_Хабзэ
⬇️
https://www.instagram.com/p/CLybTeildfn/?igshid=1os2pge8ifwok
#Djrz_Хабзэ
Хабзэ зыщIэр гъащIэм хуэIэрыхуэщ.
Хабзэм нобэр егъэпсри, пщэдейр еубзыху.
Хабзэр жьым еубзэурэ щIэр еузэщI.
Хабзэм хабзэ тращIэркъым, арщхьэкIэ хабзэжьым къыпкъырыкI хабзэщ гъащIэр зэраузэщIыр.
Тыркум ис ди нэхъыжьыфI - IуэтэжакIуэхэм сагъэтхыжахэм щыщ зы мащIэщ.
Думэныщхэ Iэулэдин

Гъатхэпэм и 14-р адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я махуэщ. Ди нобэм бзэр хъумэныр къэралымрэ жылэмрэ я зэхуэдэ Iуэхууэ щытыпхъэщ. Къэралым «си Iуэхукъым» жиIэмэ, жылэ закъуэ Iуэхууэ къонэ. АтIэ, дызыщыгугъын къыщымынэжакIэ, ди щхьэ дыщыгугъыжынщ, дыбэлэрыгъынкъым. Адыгэбзэм щимымахуэ Тхьэм димыгъэлъагъу!
#Djrz_Хабзэ
#Djrz_Хабзэ
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я махуэм теухуауэ «World Circassian Youth Org» гупым ирагъэкӏуэкӏа флешмобыр🔥
#Djrz_Хабзэ
#Djrz_Хабзэ
Пхъужьыбжьэ
Нысэ къашэну нысашэ гупыр щежьэкIэ, ежьэхэм ехъуэхъурт - кIэлъыхъуахъуэрт. Хъуэхъуэну къызытехуэр нысэ къыздашэну унагъуэм я хьэблэм щыщ зы гъунэгъу нэхъыжьыфIт. Зэрыхъуэхъуэну фадэбжьэр унэм къыщIихыу хъуэхъуакIуэм IэщIэзыгъэувэу щытар нысэ къыздашэну лъэпкъым я пхъужьщ (иIэмэ, щауэм и адэшхуэ шыпхъу, е и адэшыпхъу). Аращ пхъужьыбжьэ жыхуаIэжыр!
Мыбдеж наIуэ дыдэуи къыхощ, фадэр цIыхубзым и Iэпэгъурэ, цIыхухъум и Iупэгъуу зэрыщытари.

«Пщащэхэш/хъыджэбзхэш»
Пщащэ хэшыныр цIыхубзым адыгэ хабзэм пщIэ зэрыщиIэм и нэщэнэщ.
Ди лъэпкъым къыдекIуэкIа щытыкIэфIхэм щыщщ гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр ягъэдахэнкIэ, ягъэбжьыфIэнкIэ щыгугъыу къуажэм, хьэблэм пщащэу дэс псоми унэ щхьэчэзуукIэ джакIуэ хуащIрэ къырагъэблагъэу зэрыщытар. Абы къыщымынэжу, кърашэлIарэ зэрызэбгырашыжыр дауикI пщащэхэм я унагъуэкIи гуапэт.

Жанкъыдэшыр пшыналъэ хэхащ.
Хэхауэ хабзэкIэ къыщеуэу щытар адыгэ джэгу екIуэкIым жан (пщыхэм, уэркъышуэхэм япхъу зи джэгу хэтыгъуэ) хэтмэ, а хэтри гъэсэныгъэрэ IэпэIэсагъэкIэ цIэрыIуэ дыдэрэ хуэфащэмэщ. Ар зэрыджэгуу ягъэлъапIэу пхъэ вакъэм тету утыкур зэ кърагъэкIухьырт, иужькIэ вакъэм кърагъэхырти къыдэхъун щIалэ къыдагъафэрт.
Апхуэдэу жанхэр лIы дэкIуэн щыхъукIэ «жанкъыдэш» пшынэ-уэрэдкIэ и адэм и унэм пщIэшхуэ иIэу къыщIашырт/къыщIахырт.

Хабзэт нэгъабэрей (гъэ кIуам) джэгушхуэм гуащэу хаха пщащэ цIэрыIуэр мыгъэрейм, джэгур щекIукI пщIантIэм джэгуакIуэхэр къыпежьэрэ я щIыбкIэ икIуэтыжу, гуащэ уэрэдкIэ ягъафIэурэ дэшэныр.
А хабзэ дыдэмкIэ пежьэурэ къыдашэрт пщыхэм, уэркъышхуэхэм япхъухэр, фIэрафIагъэрэ IумахуагъэкIэ, Iэщабэ–IущэбагъэкIэ, IэпэIэсагъэрэ гъэсэныгъэкIэ цIэрыIуэу, пэрыту щытмэ. Армыхъумэ, сыт хуэдэ пщы-уэркъышхуэм уримыпхъуу щымытами, апхуэдиз пщIэ уагъэлъэгъунтэкъым…

«СыцIыкIуу, еджапIэм сызэрыкIуэрэ мазэ зыхыбл фIэкIи мыхъуауэ, зы махуэ гуэрым унэм дыкъэкIуэжауэ, ди гъунэгъу щIалэ цIыкIуитIи си гъусэу, алэрыбгъу пащIэ гуэрым дытесу утыкум дист, тыркубзэ дымыщIащэмкIэ зыгуэрхэр жытIэу. Нанэ мыгъуэри (ди адэм и анэр, зы псалъи тыркубзэкIэ имыщIэу) унэм щIэсти, къакIуэщ, къытщхьэщыувэри зы мащIэрэ къыдэдэIуащ. Ди бзэр щыгурымыIуэм, къыдэупщIащ «Сытыбзэ, тIасэ, фызэрыпсалъэр?» - жери. Сэри зыхудэзгъэзейуэ: «Нанэ, тыркубзэщ дызэрыпсалъэр, адыгэбзэкIэ дагъэпсэлъэжкъым»,- щыжысIэм, IуигъэзыкIыжри, уэлахьи, иджыпсту хуэдэу сощIэжым, и щIыбым сыздиплъэм, и щхьэ: «Алыхь, уи бзэр пIызыхым, уи псэри пIихыным», - хужиIэжурэ IукIыжащ.
Ари жиIат: «Гуауэми сщIэкъым, гупсысэ къудейми сщIэкъым, сызэрыцIыкIурэ сигу илъщ нанэ и псалъэр», - жери.
ШонтIыкъухэ ящыщщ, и цIэр сщIэжкъым, емыкIу сыкъэвмыщI, къыщиIуэтэжар Къэйсэр къалэщ, I999 гъ., езыр Истэмбыл дэст.
Думэныщ I.

Ижь ижьыж лъандэрэ лэжьыгъэкIэ, Iуэху зехьэкIэкIэ къызэгъэпэщауэ, и лъапсэр гъэпсарэ зэлъэIухыжауэ къэгъуэгурыкIуащ адыгэ жылэр. ЗэкIэлъыкIуэу зэрыпсэуам и нэщэнэфIщ бжьэ гъэхъуным фIыуэ хищIыкIыу, хуэIэкIуэлъакIуэу зэрыщытар: бжьэ къэпщIыр зэтригъэпщIыкIкIэрэ игъэбагъуэрт, бжьащхьэмрэ бжьакIэмрэ щыгъуазэкIэрэ, бжьэ лъэпкъыфI къигъэхъурт. АтIэ, дауикI, бжьэ и пIалъэ зыщIэ лъэпкъым и бжьаIуэмрэ и бжьэматэмрэ хуэбагъуэрт. Бжьэматэхэри, щIымахуэ щIэбгъэкIыпхъэти, гъущапIэу, нэхъ хуэбапIэу псэуалъэ хуэухуэн хуей хъурт. А псэуалъэм щIымахуэм бжьэ матэхэр щIагъэувэжырт, зэщIауфэжырти, гъущэпсыщэу щахъумэрт. АтIэ, мис аращ «нэщIэщ» жыхуаIэжыр. НэщIэщри адыгэ псэуалъэ гъэпсыкIэм апхуэдэу щыщ хъуащ.
#Djrz_Хабзэ
#Djrz_Хабзэ
«ИстамбылакIуэ» уэрэдым щыщу едзыгъуэ зыбжанэ зэрыкIуэдар тщIэт, икIи дигъэпIейтейрт. Ди гугъэри хэтхыжа хуэдэт, арщхьэкIэ, иджы дыдэ Брохэ Мухьэдин (Арщыдан) ипхъу ХьэхъупащIэхэ (Къесынхьэблэ – Нартан) ис Нусэ тхыбзэуи гъыбзэуи дигъэтхыжащ мы едзыгъуитIыр. Нусэ 1941 гъэм, мазаем и 11 Арщыдан къыщалъхуащ, къыщыхъуащ. Жьыщхьэмахуэрэ узыншэу илъэс куэдкIэ ди япэ Тхьэм иригъэт!
Ди адыгэ тIэкIу мыгъуэр сыту дытхьэмыщкIэ,
Ди щхьэм дыхуимытурэ бдзэжьейхэр дгъэшхэну
Хышхуэм дыхакIутэ мыгъуэри уей.
Уэ ди Iуащхьэмахуэмэ
Уэсыр куэду телъырэ,
Абы къеткIух уэсым хуэдиз
Нэпсууэ щIэдгъэкIыурэ,
Хэкур дагъэбгынэ мыгъуэри уей.

Мы мазэм гугъэ тщIащ адыгэ къебжэкI-хъурджауэхэм ящыщ зыбжанэ къитлъхьэну. КъебжэкIхэр щы мэхъу, къэзыIуэтэжари Купхэ Бэтырбэч ипхъу Дыджэхэ я нысэ КIуцэщ (и хъыджэбзыцIэр Зэйнэб). И анэм жиIар гукIэ зезыхьари дэзыгъэтхыжари Дыджэхэ Музэринщ. КIуцэ мыгъуэм и хьэдрыхэ фIы Тхьэм ищI!
АтIэ, япэрейр нокIуэ!
Ашэбейр башыпэкIэ мавэ,
Я вым уанэ тралъхьэ,
Я нысащIэр шыгухущ,
Я фызыжьыр гухъуицIэщ,
Я дэдэжьыр жьэкIацэщ
Я кхъуей тIэкIур цы защIэщ.
#Djrz_Хабзэ
АтIэ, япэрейр нокIуэ!
Ашэбейр башыпэкIэ мавэ,
Я вым уанэ тралъхьэ,
Я нысащIэр шыгухущ,
Я фызыжьыр гухъуицIэщ,
Я дэдэжьыр жьэкIацэщ
Я кхъуей тIэкIур цы защIэщ.
#Djrz_Хабзэ
Модэ, модэ зы къогуоурэ,
Гоу кIыхь къедзрэ,
Дзыдзэм хуэдэу джафэу,
Нум хуэдэу фэкъуу,
Адакъэ пщIыпщIу,
Анэ пщIэгъуалэу,
Тхьэгъэлэдж и гуащэу,
ПIастэ хъудырыщIэу,
Фыз гумащIэ цIыкIуу.
#Djrz_Хабзэ
Гоу кIыхь къедзрэ,
Дзыдзэм хуэдэу джафэу,
Нум хуэдэу фэкъуу,
Адакъэ пщIыпщIу,
Анэ пщIэгъуалэу,
Тхьэгъэлэдж и гуащэу,
ПIастэ хъудырыщIэу,
Фыз гумащIэ цIыкIуу.
#Djrz_Хабзэ
КъэзыIуэтэжар Думэныщхэ Зэмилэ (I9I9-2009 гъ.гъ.).
Дзыгъуэжь анэм и тхьэусыхэ.
Си бгъур пхъэбгъум щIипIытIащ,
Си пщIыр щIакIэм хэкIуэдащ,
Зы мыгъуэ закъуэ къысхуэнэжати…
ЩхьэлыкъукIыпсымкIэ кърикIуэщ,
ЩхьэлыкъукIыкIымкIэ къещакIуэщ,
И кIэр къыхурисэри и псэр хухихащ.
#Djrz_Хабзэ
Дзыгъуэжь анэм и тхьэусыхэ.
Си бгъур пхъэбгъум щIипIытIащ,
Си пщIыр щIакIэм хэкIуэдащ,
Зы мыгъуэ закъуэ къысхуэнэжати…
ЩхьэлыкъукIыпсымкIэ кърикIуэщ,
ЩхьэлыкъукIыкIымкIэ къещакIуэщ,
И кIэр къыхурисэри и псэр хухихащ.
#Djrz_Хабзэ
«ЩIалэр зэребгъасэу зекIуэнщ
ЩIалэм ебгъэлъагъур и гъуэгущ,
Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ,» - жиIащ адыгэм.
#Djrz_Хабзэ
ЩIалэм ебгъэлъагъур и гъуэгущ,
Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ,» - жиIащ адыгэм.
#Djrz_Хабзэ
Бжьэ зезыхуэр хум елэжьым и Iыхьэгъущ. - Ху жыхуиIэр гъавэрщ. Пасэрей адыгэхэм я псэукIэ - лэжьыгъэр куэдкIэ къэхъуэжын, зэхъуэжэным тегъэпсыхьауэ щытащ. НтIэ, абы и зы IэнатIэщ бжьахъуэмрэ гъэващIэмрэ зэгурыIуэрэ зэхъуажэу зэрыщытар. Псалъэм папщIэ, гъавэ матэ бжыгъэрэ фо бжьэматэ бжыгъэкIэ зэувалIэхэрти, щхьэж зыхуэныкъуэ хуэдиз Iыхьэ зэIэпахырт.
#Djrz_Хабзэ
#Djrz_Хабзэ
Фоужь матэ хуакъутэ (ирагъажьэ/хуагъэув).
ФокIадэ мазэм, бжьаIуэр кърашэлIэжу фор щыщIагъэжыжкIэ, щыщIахужкIэ, матэ зыбжанэ, фохьэкIуэр зэрыдэлъу, е бжьэныжь фоуэ (матэм къихауэ зэрыфо хьэкIуэу) хахырти ягъэувырт, «къакIуэ, къэкIуэж и Iыхьэ» ,-жаIэрти.
#Djrz_Хабзэ
#Djrz_Дыщэпсынэ

Бжьэ гъэхъуныр адыгэм хабзэфIу къыдекIуэкIащ.
Тхыгъэ куэдым къызэрыхэщымкIэ, адыгэ-абазэхэр куэду бжьэ гъэхъуным хуэIэрыхуэу, хуэщIауэ псэуащ. Псалъэм папщIэ, Т. Лапинскэм (19-нэ лIэщIыгъуэм икухэм) мыращ жиIэр: ”Бжьэ гъэхъуным адыгэ лъэпкъыр апхуэдизкIэ хуэIэкIуэлъакIуэщи, унагъуэ мащIэкъым бжьэ матэ миным ехъу зиIэхэр.”
Апхуэдэу, 18-нэ лIэщIыгъуэм ди хэкум щыIа Яков фон Штелин мы псалъэхэр къытхуигъэнащ: “На черкесских пирах нет другого освещения, кроме восковых свечей… черкесы друг друга стараются превзойти толщиной свечей и часто выставляют целый ряд их толщиной в руку, что считается особенным великолепием”.