Адыгэ цIыхубзым щыIэкIэу яIар, хьэл-щэну яхэлъар ягъэнахуэу зекIуэлIхэм ятхыжа пычыгъуэхэмкIэ дыногуашэ. Япэу чэзур франджылI Абри де ла Мотрэ идот.
«ЦIыхубзхэр цIыхухъухэм хуэдэу шууфIт; щакIуэ кIуэрт, зыкIи мынэхъыкIэу шабзэ ягъауэрт. Тэтэр цIыхубзхэм ар яхузэфIэкIтэкъым…
ИужьыIуэкIэ шу хъыджэбз куэд слъэгъуащ, цIыхухъум хуэдэу шабзалъэр япщIэхэлърэ шабзэр яIыгъыу, е я Iэм нэбажэ (сокол) тесу.
Махуэм и кIыхьагъкIэ гъуэгу дытетати, тлъэгъуар нэм фIэдахэуэ мэзхэм, губгъуэхэм, хъупIэхэм зызэрахъуэжращ. Ахэр бгы зыбжанэкIэ зэпыхукIат, аткIэ-мыткIэ цIыхухъуи цIыхубзи шуууэ къыкъуэкI-къухьэжт. Языныкъуэм Дианэхэм* хуэдэу, я Iэм нэбажэ тест, адрейм шабзэр яIыгърэ шабзалъэр япщIэхэлъу апхуэдэт…»
Гъэнахуэ: Дианэ – Урым мифэлогием щакIуэным и Тхьэщ.
Къызыхэтхар: «Зиусхьэн Абри де ла Мотрэ Европэм, Iазием, Iафрикэм зэрыщызекIуар».
#Djrz_Цlыхубз

Тэбу де Мариньи адыгэ цIыхубзым яхужиIар
«Ахэм (адыгэхэм - djarez) я цIыхубзхэр куэду лажьэми, тыркухэм ещхьу я унэ щIаубыдэркъым. Хыджэбзхэр, псом хуэмыдэу, зы джэгу къэмынэу ягъакIуэ. ЦIыхухъум нэхъ зыгъэпсэхупIэфI хуэгъуэтынкъым, цIыхубзым я нэжэгужагъкIэ, фIэрафIагъкIэ псэ зыхагъакIэ джэгум нэхъ. Мыдрейуэ, пщащэхэр зэкIуэцIылъкъым, куэду нэжэгужэу щIалэм ядоуэршэр».
Къызыхэтхар: Тэбу де Мариньи. «Адыгейм (Черкесием) сызэрыщызекlуар».

Карл Кох адыгэ цIыхубзым яхужиIар.
«Хъыджэбзхэр я дэлъхухэм я гъусэу ягъасэ, ахэм хуэдэу шууфIщ, шабзэкIэ Iэзэу мауэ. Адыгейм (Черкесием) къыщызыкIухьа Мариньии, Бели ятхыж, хъыджэбзхэр куэдрэ къакIэлъыкIуэу зэрыщытар. Индарыкъуэ пщы лъэпкъым щыщ пщащэхэм я хьэщIэхэм нэхъри зрагъэIэжьэн щхьэкIэ яхуэщIэ къагъанэтэкъым. Бел имыцIыху хъыджэбз куэдрэ къыхуэкIуэт IэфIыкIэ, пхъэщхьэмыщхьэ тыгъэу иIыгъыу. Пщащэр и адэ, и дэлъху и жыIэ тетми, псэлъыхъум нэсамэ, Iуэхур куэдрэ езым зэрифIэфIым хуэдэу къригъэкIуэкIт».
Къызыхэтхар: Карл Кох. «Урысеймрэ Кавказ щIыналъэхэмрэ сызэрыщызекIуар».