Бемырзэ Зураб
ИНАЛ
lугъуэмэ къыхехыр си лъым.
Дэпымэ къыхехыр си лъым,
Хы фlыцlэм и шыгъумэжь.
Адыгэу зыкъэсщlэжыхукlэ,
Саукlыу сыкъэхъужыхукlэ,
Сыхьэкъуэурэ сыкъагъэжь:
Уэрыншэу къызат мы гъащlэм,
Зауэншэ мы уафэ лъащlэм,
Лъыгъажэ зымыщlэ щlым,
Адыгэм и цlэр зэхахым
Зи хьэдэхэр къуаншэу дахым
Я лъапсэр зымыщlэ псым!
08.07.2022.
ИНАЛ
lугъуэмэ къыхехыр си лъым.
Дэпымэ къыхехыр си лъым,
Хы фlыцlэм и шыгъумэжь.
Адыгэу зыкъэсщlэжыхукlэ,
Саукlыу сыкъэхъужыхукlэ,
Сыхьэкъуэурэ сыкъагъэжь:
Уэрыншэу къызат мы гъащlэм,
Зауэншэ мы уафэ лъащlэм,
Лъыгъажэ зымыщlэ щlым,
Адыгэм и цlэр зэхахым
Зи хьэдэхэр къуаншэу дахым
Я лъапсэр зымыщlэ псым!
08.07.2022.
Бемырзэ Зураб
ПСАЛЪИБГЪУ ХЪЫБАРХЭР
Кхъуауэ
Хьэгъундокъуэпщ Хьэудыр гущIыIэт, абы къыхэкIкIи хьэлэбэлыкъ куэдым къелат, и къуажэри къыхишат. Хьэгъундокъуэпсым Iусу Абыкъупщымрэ езымрэ зэблагъэу щыщысам къыщегъэжьауэ, езыри и жылэри Iуэхугъуэ мыщхьэпэ куэдым хэплъэн къыхудэхуат. Ауэ нэгъуэщI уимыгъэлъыхъуэжыну ерыщ щхьэмыгъазэт. ЗэрыжаIэжымкIэ, и щIалэгъуэм къамэпцIанэу мыщэм пэщIэхуэри сыхьэт бжыгъэкIэ зэрыфыщIауэ, мыщэр езэшщ, щIалэр къиукIынми пыкIыжри ежьэжати, Хьэудыр кIэлъежьауэ кIуэт жи «Гъуэгу мыгъуэм емыжьэн, къэгъази нэдгъэгъэс» жиIэу. Алыхьрат зыщIэр абы нигъэсыну зыхуейр, ауэ а хьэлыр и гъащIэ псом къызыхинащ. Хьэгъундокъуэпщым и ужь уихьамэ, е зэшэзэпIэу быукIын хуейт, е уэ уиукIынут – нэгъуэщI хэкIыпIэ щыIэтэкъым. Ар зыцIыхухэм я ажэ и бжыхь кърапхыртэкъым, зымыцIыхухэм хьэдырыхэ гъуэмылэ яхуэхъут.
Хьэгъундокъуэхэ ямыIа пщыгъуэр къыдихын хуей хъууэ Къэбэрдей пщышхуэхэм къыщыхуамыдами, кIахэмкIэ щытепщэ Хъаныкъуэхэр благъэ ищIри пщыгъуэр къыдимыхыу бэяуакъым.
Хьэудымрэ Абыкъупщымрэ зэблагъэу я гъащIэр яхьащ, хьэжрэт гъуэгуанэжьми, зауэми бэлыхьми яхузэкIэрычакъым. Жьыгъэм цIыхур игъэшми, Хьэгъундокъуэр зэрыерыщ хьэлу къэнат. Абыкъур лIыжь уэм цIыкIу хъуат, имыIуэху хэмыхьэу, мейхэр игъэкIмэ абы я дахагъэм хэплъызэу сыхьэт бжыгъэкIэ щысыфу.
Хабзэ зэращIауэ, Хьэудыр къущхьэхъукIэ щакIуэ кIуэнумэ Абыкъум хъыбар иригъащIэт. Ауэ модрейм иужьым пщIантIэдэс зищIыжауэ, и къуэр щигъакIуэр нэхъыбэт. Мы далэми, Хьэгъундокъуэмрэ и шу гъусэхэмрэ гъусэ яхуищIар аращ. Мор щIалэщIэти, здызэхуэзар Абыкъухэ я хэщIапIэхэрами, Хьэгъундокъуэм фIэхъус къыщрихым IэщIэхури, хэгъэреибзэу «къеблагъэ» къыжриIакъым. НэгъуэщIмэ уэим ищIынтэкъым, е щIалэщIэм еущиент, чэнджэщ иритынт, и щыуагъэр иригъэлъагъужынт – сэ сщIэ мыгъуэрэ. АрщхьэкIэ Абыкъум емылъытауэ, Хьэгъундокъуэпщыр и лIыжьыгъуэм нэхъ хьэл бацэ хэхъухьыжати, игъэгъуакъым. «Сыт, Абыкъупщыр щхьэнтэхэм хэс?» - щIэупщIащ ар и пащIэ щIагъыр Iушэу хишри. Шу гупыр зэрыгъэдыхьэшхащ. Абыкъукъуэм ар игу иримыхьами, къызыхигъэщакъым, «хэсщ», - кIэщIу жэуап итыжащ афIэкIа.
Еуэри щакIуэ лъэгум нэсри, щыхь лъэужь щаубыдым, хэгъэрей унафэр зейр Абыкъукъуэрати, «Гугъу зомыгъэхь, ди нэхъыжь. Ди адэм хуэзгъэфэщэн тIысыпIэр уэуейщи, мэуэ мыбдеж тIыс. Дэ щыхьыр уи дежкIэ къэтхунщ», - жери, Хьэгъундокъуэпщым и къэрэдаер гъэпкIауэ мэзыпэм IуигъэтIысхьащ, лъэгуажьэнатIэм къэс мывэм къыкъуэсу. ЛIыжьым ар и гуапэ хъуащ, «гъум-шым, апхуэдизуи жьы дыхъуакъым» жиIами.
Еуэри, Хьэудым гъуситI къыхуагъанэри адрейхэр мэзыкъуэ дэкIащ. ЛIыжьыр гууэмт, тыншу щыст, и ныбэ изт, зыгъэпIейтеин нобэкIэ иIэтэкъым. ТIэкIуи щхьэукъуэмэ фIэфIу здэщысым, мэз лъабжьэр къэхъеящ – зыгуэр къыпхырыжт. «Уей, щыхьхэр къахум» жари, щыри гъэпкIауэ тIысащ.
Даущыр зы тэлайкIэ щэху хъури, пщыми мывэм и щхьэр къыкъуишиикIауэ къыздэплъэм, «уэуийуий» жари мэз лъабжьэм мэзыкхъуитI зафыщIыжу къыщIэцIэфтащ. Алыхьыращ зыщIэр ар къызэрыщыхъуар, ауэ шейтIанми цIыхуми яхуэмыгъэшынэ Хьэгъундокъуэпщыр къащтэщ, и къэрэдаежьымкIэ дэуейри, нэтоп хъужу жыгыщхьэм хэс жьындуужьыр къриудыхащ. УафащхьэкIийуэ кхъуитIыр блэцIэфтри къуэм дэлъэдэжащ, жьындуужьри «баргуэ» жэуэ мэзыпэм къыщехуэхащ. Гъусэ къыхуащIагъитIыр зэплъыжа арфIэкIа, загъэхъеякъым – дапщэрэ темынэзыкIами, пщыр зэщакIуэм ахэр еуэн хуиттэкъым.
Гупыр мэзыкъуэ къехыжу къащыбгъэдыхьэжам Хьэгъундокъуэр иджыри жьындум еплъу щытт. Ар апхуэдизкIэ нэщхъейти, хэзыгъаплъэр щыхь къызэримыукIарарэ жьындур къызэрыриудыхар арарэ гурыIуэгъуэтэкъым. Абыкъухэ я шу уэркъхэм ящыщ зы гушыIэну «щыхьыбжьэр тетхрэ?» жери къыщепсэлъыхым, пщым и дэплъейри и фоч Iэтыгъуэри зы ищIри, кIакхъур щIичащ. Уэркъ гушыIэрейри гупри зэгъусэу къэскIащ, арщхьэкIэ пщым и къэрэдаежьыр иузэдын хущIыхьатыкъыми, «кIыкъ» макъым фIэкIа къэIуакъым. Ауэ абы - уэгум щыцIыкIуми гум щыин жыхуаIэу, псоми я макъыр пиудащ. Щэхубзэ хъуа гупым яхэIуащ зауэжьым и мафIэмрэ шэгынымрэ къелыфа Хьэгъундокъуэпщым и макъ тхъунщIар: «Пщым бжьакъуэкъым хупаупщIыр – щхьэщ»…

«Нобэрей хъыбар ди пщым нэзыгъэсыжыр къызэлынукъым!» - жиIэу, и шу гуп гъусэм Тхьэ яригъэIуами Абыкъум и къуэр шынэри я деж дэмыхьэжу анэшым кIуащ. Ари Iущыгъэу ищIащ, сыту жыпIэмэ Абыкъупщым хъыбарыр а пщыхьэщхьэ дыдэм IэщIыхьэжащ. ЗэрыжаIэжымкIэ пщыгуащэр я пашэу унагъуэр зэхэлъадэри пщыр кърагъэзащ – и сэшхуэр зыпщIэхилъхьауэ яфIэшэст жи, «Тхьэр згъэпцIа, а джаурыр пщым кхъуэ къыздыхущIихуа мэзым щIэзмыхуэжмэ!» - жери.
Алыхьращ зыщIэр, Абыкъум и къуэм и жагъуэлъ ищIэжыну къыщIригъэхуат а кхъуэхэр, хьэмэрэ къыIэщIэщIыхьат… Ауэ Хьэгъундокъуэпщыр абы и ужь щакIуэ яхуэкIуэжакъым. Ар къыжезыIэхэми къанлыуэ и пащIэкIэр яхухишти, «Пщыр кхъуауэ яшэкъым», - яжриIэт афIэкIа.
09.07.2020.

Хыджей
Дыгъэ гъуэжьыр, фыз ябгэу,
Махуэ къэскlэ йокlыж.
Си уэрэдыр сlырехри
Псалъэмакъ къызетыж.
Псы ежэххэр къоувыlэр,
Гъащlэр и пlэм йожыхь,
Щlым урокlуэри, уи lэр
Щхьэмыж хъуам толъэщlыхь.
Гум и лъахъэр зэпечри
Адыгэшу щlопхъуэж.
Искlута си гупсысэм
Изу уи цlэр къохъуэж.
Бжьыхьэ пшагъуэ гъуэлъахэм
Зыхедзэжыр хыджейм.
Си щхьэгъубжэр хосыкlыр
Жеижа уи дунейм.
Хыджей
Дыгъэ гъуэжьыр, фыз ябгэу,
Махуэ къэскlэ йокlыж.
Си уэрэдыр сlырехри
Псалъэмакъ къызетыж.
Псы ежэххэр къоувыlэр,
Гъащlэр и пlэм йожыхь,
Щlым урокlуэри, уи lэр
Щхьэмыж хъуам толъэщlыхь.
Гум и лъахъэр зэпечри
Адыгэшу щlопхъуэж.
Искlута си гупсысэм
Изу уи цlэр къохъуэж.
Бжьыхьэ пшагъуэ гъуэлъахэм
Зыхедзэжыр хыджейм.
Си щхьэгъубжэр хосыкlыр
Жеижа уи дунейм.
Бемырзэ Зураб
Жыlэт
Дыгъэр
Махъшэ щхьэзакъуэу
Уэгу пшахъуэщlым къинащ,
Гугъэм
Иlэр зы лъагъуэщ,
Ар - уи деж накlуэращ.
Гъащlэм
Си нэр тозашэ,
Псэр гупсысэм текlуащ.
Усэм
Псалъэр я пашэу
Хьэж тхылъымпlэм къыщащl.
Жыlэт,
Хьэршым имыхуэу
Сыт дунейм къылъыхъуар?
Къамэм
Си lэр схуэмыкlуэу
Шыкlэпшынэм щlепхъуар.
Махуэм
Махуэ и гъусэщ,
Жэщым - жэщыр дэщlыгъущ.
Жыгхэм
Поху мыlэрысэр,
Бжьыхьэм хуэкlуэурэ лъыхъу.
Мащlэр
Куэдым ебэкlри
Къылъысам хэуэкъуащ.
Гъащlэр
Си бжэм къыблэкlри
Си гум къытеуlуащ.
Жыlэт
Дыгъэр
Махъшэ щхьэзакъуэу
Уэгу пшахъуэщlым къинащ,
Гугъэм
Иlэр зы лъагъуэщ,
Ар - уи деж накlуэращ.
Гъащlэм
Си нэр тозашэ,
Псэр гупсысэм текlуащ.
Усэм
Псалъэр я пашэу
Хьэж тхылъымпlэм къыщащl.
Жыlэт,
Хьэршым имыхуэу
Сыт дунейм къылъыхъуар?
Къамэм
Си lэр схуэмыкlуэу
Шыкlэпшынэм щlепхъуар.
Махуэм
Махуэ и гъусэщ,
Жэщым - жэщыр дэщlыгъущ.
Жыгхэм
Поху мыlэрысэр,
Бжьыхьэм хуэкlуэурэ лъыхъу.
Мащlэр
Куэдым ебэкlри
Къылъысам хэуэкъуащ.
Гъащlэр
Си бжэм къыблэкlри
Си гум къытеуlуащ.
ЗУРАБ БЕМУРЗОВ
ЯБЛОКО
Когда звучат твои глаза я тишину уже не слышу -
Лишь капли неба, что с утра росой стекаются на крышу,
Прокладывая русло дня по жестяным хребтам аула.
Я слышу лишь твои глаза, которые заря смахнула
С ресниц проснувшихся лесов, качающих ветра вполсилы,
И каплю мысли с бороды застывшей у воды кобылы.
Когда звучат твои глаза в природе что-то замолкает
Не навсегда - пока звезда пройдет от края и до края.
Земля и свет рисуют день, цвета и холст немногословны.
И в тысячах твоих имён все совпадения условны.
Рисую яблоко в тени и небо с солнечной тропою.
Спускаются с листвы лучи к твоим глазам, как к водопою;
На цвет, на свет и на поклон идут не смешиваясь краски.
Художник. Яблоко. Глаза. Так начинаются все сказки.

СЕТЬ
На выстрел далеко от солнца,
на шаг от сердца до серпа
твоя судьба заходит в гости
и знает кто я для тебя
между распятием и Богом,
между азаном и молвой,
между живым и мертвым слогом,
молитвами за упокой,
между инфарктом и уколом,
и тем, что, Господи прости,
после нашествия монголов
осталось на земле спасти.
В моей войне клинок и слово
ржавеют, не успев остыть,
и небо с запахом плодовым
над нами очень хочет жить
в краю, где в газырях не порох-
зола лежит из очага,
где на прозрачных мониторах
мир строит замки из песка,
где между нервом и обрывом
никто не хочет умереть,
никто не хочет быть счастливым
не написав об этом в сеть.
СЕТЬ
На выстрел далеко от солнца,
на шаг от сердца до серпа
твоя судьба заходит в гости
и знает кто я для тебя
между распятием и Богом,
между азаном и молвой,
между живым и мертвым слогом,
молитвами за упокой,
между инфарктом и уколом,
и тем, что, Господи прости,
после нашествия монголов
осталось на земле спасти.
В моей войне клинок и слово
ржавеют, не успев остыть,
и небо с запахом плодовым
над нами очень хочет жить
в краю, где в газырях не порох-
зола лежит из очага,
где на прозрачных мониторах
мир строит замки из песка,
где между нервом и обрывом
никто не хочет умереть,
никто не хочет быть счастливым
не написав об этом в сеть.
БЕМЫРЗЭ ЗУРАБ
ГУ БЖЬЭМАТЭ
Си гур бжьэматэщи, уи бжьэдзэр пщэдджыжьым жьыуэ йолъэтыкl.
Си гур бжьэматэщи, дзажэпкъым фомыл быдапlэ къыдащlыкl.
Сэнжакъхэр жьыбгъэм яфыщlауэ, уи бжьэпщыр зекlуэхэм къокlыж,
Жэщ къэс, си лъынтхуэр и lуданэу, бжьэ гуащэм ахэр хедыкlыж.
Я уэркъ дзэ фlыцlэхэм яхъумэу, фохьэкlуэ lувхэр матэм дэлъщ,
Бжьэпхъуантэзехьэр гъумэтlымэу, гухэлъ нэпсейхэм я жэщгъуэлъщ.
Фожыг салъкъыну кърахьэлlэм бжьэбын нэкlутlэхэр хошхыкl,
Уи мэ щымыууэ къахуекlуалlэр быдапlэ lуфэхэм щаукl.
Уэ пщlэрэ, гъащlэм цlэуэ иlэр? Удзымэ сабэ зэдэхъейм
И сапэ къэскlэ, хьэдзэ къэскlэ зэрахьэ цlэ зырыз уней.
Ауэ абы я хьэрш архъуанэм джэрэзу щlы хъурей лъэтам
Зы закъуэщ цlэуэ кърахьэлlэр бжьэматэ си гум дащlыхьам.
Зы закъуэщ бжьэпщыр дзажэ lупэм къеплъыхыу жиlэр жэщ щыхъуам,
Дзэбын шуудзэр къекlуэлlэжу, зы махуэ зауэр щиухам,
Я зауэлl хахуэ хэкlуэдахэм щыхужаlэжкlэ щэлэуат,
Алыхьым зэреджам и ужькlэ, уэ щхьэхуэу цlэ уней къыуат.

УТРЕННЯЯ МОЛИТВА
Мысли - початками. Сердце чуть бьётся.
Над горизонтом - мельница солнца.
Светлое что-то падает в реку.
Прыгают в пропасть тени с разбега.
Буквы в Коране шепчутся с Богом.
Вечер под небом рожает всполохи.
В крошеве слов появляются лица.
Я в твоём сердце - поздняя птица.
Ты мастеришь из годов переправу.
Волчью приправу кладешь волкодаву.
И говоришь. В горизонт опадает
Крылья сложившая черная стая.
Тени разбиты в утренней битве.
Я говорю тебя миру молитвой.
УТРЕННЯЯ МОЛИТВА
Мысли - початками. Сердце чуть бьётся.
Над горизонтом - мельница солнца.
Светлое что-то падает в реку.
Прыгают в пропасть тени с разбега.
Буквы в Коране шепчутся с Богом.
Вечер под небом рожает всполохи.
В крошеве слов появляются лица.
Я в твоём сердце - поздняя птица.
Ты мастеришь из годов переправу.
Волчью приправу кладешь волкодаву.
И говоришь. В горизонт опадает
Крылья сложившая черная стая.
Тени разбиты в утренней битве.
Я говорю тебя миру молитвой.
ЗУРАБ БЕМУРЗОВ
ГОРОД
Бог смотрел на меня, но твоими глазами.
Я под солнцем садился у двух валунов,
Завязав свои жилы и вены узлами,
Отпустив в свое сердце вечерний улов.
Я садился смотреть, как торопится время
Твои щеки засеять на будущий день;
И со сворой теней свое древнее племя
Добивать мое солнце пошлет сюзерен.
Бог услышал меня, но твоими ушами,
Оглянувшись в тот день не на слово мое -
На мой меч, что запел под чужими клинками,
Что я выживу с той, что на царство придет,
Когда город падёт в день, себя переживший,
Позабывший и век свой, и год, и число.
А я рухнув у стен, к валуну прислонившись,
Не замечу как войско твое подошло.

lуэщхъу
Усцlыхукъым - укъызоцlыхуж...
Зэгуэрэм псэм щlэста и уасэу.
Си жыг къудамэм къыпохуж
Уи мыlэрысэхэр нэlуасэу.
Сыноплъкъым сэ - сызыхоплъэж,
Згъэгъуащэурэ ууей-сысейхэр.
Уи нитl нэхущым хызодзэж
Пщыхьэщхьэм къыхэсша бдзэжьейхэр.
Сыдокlри пщlантlэм, ныкъуэжей
Щхьэгъубжэ lупхъуэм жьыбгъэр йопщэ.
lэнэкlэм къытезна си шей
Ныкъуэфыр уи lупитlым йощэ.
Сэракъым ар. Ныжэбэ сэ
Сыкъехуэхауэ уафэ щlагъым
Симынэlуасэу гур е псэр
Сыдэлъщ lубауэ ди щlыбагъым.
lуэщхъу
Усцlыхукъым - укъызоцlыхуж...
Зэгуэрэм псэм щlэста и уасэу.
Си жыг къудамэм къыпохуж
Уи мыlэрысэхэр нэlуасэу.
Сыноплъкъым сэ - сызыхоплъэж,
Згъэгъуащэурэ ууей-сысейхэр.
Уи нитl нэхущым хызодзэж
Пщыхьэщхьэм къыхэсша бдзэжьейхэр.
Сыдокlри пщlантlэм, ныкъуэжей
Щхьэгъубжэ lупхъуэм жьыбгъэр йопщэ.
lэнэкlэм къытезна си шей
Ныкъуэфыр уи lупитlым йощэ.
Сэракъым ар. Ныжэбэ сэ
Сыкъехуэхауэ уафэ щlагъым
Симынэlуасэу гур е псэр
Сыдэлъщ lубауэ ди щlыбагъым.
БЕМЫРЗЭ ЗУРАБ
ХЪЫ
Мазэщlэ тхьэгъур жэщым фlэкlуэдауэ,
Жыг щхьэцэхэм хопэщэщыхь.
Сыкъалъхущ, сыпсэури, уэ укъызатауэ,
Сыщымыжейми уи нэхэм сопщlыхь.
Сыщысщ, си нэгур гъэхэм я зэуапlэу.
Къысхуащlыу щхьэщэ махуэхэр къызблокl.
Зэгуэр си lэгум иратхъа псыжапlэ
Лы lуфэ щэхухэм усэхэр къыщокl.
Си лъащlэр хыщ, щхьэщыгумкlэ - архъуанэщ.
Зыгуэр етхьэлэ, малlэ. Сэ сопсэу.
Жэщ къэскlэ къыздэгъусэу дыгъужь анэр
Джатэ къихакlэ нэхум дыщlозэу.
Тхьэм мафlэ ирищlыхьыу нэхущ хьэкум
Дыгъужьхэр си уlэгъэхэм йобзей.
Псыжапlэу иратхъахэмкlэ си lэгум
Уи кхъуафэжьейхэр си гум дросей.