Адыгэ Хэку
4.98K subscribers
2.97K photos
727 videos
13 files
2.52K links
Актуальные материалы черкесского мира.
Для связи - [email protected].
加入频道
Forwarded from КАРЗЕДЖ
ЖЭЩТЕУЭ

(Нало Заур и «Жэщтеуэ»-м сигъэусэу)

Дунейр къутэжауэ щащэу,
Жэщибгхэр щыджалэм жейуэ,
А зыр къыхызохри гъащlэм -
Сэ соджэ Налом и Жэщтеуэм.
Жесlари зэхимыхыжу,
Гу пщтырыр си дзажэм къеуэм,
Жэщыкум сыкъотlысыжри
Сэ соджэ Налом и Жэщтеуэм.
Шы плlэlум сытеубгъуауэ
Сыздэжэм къэуамэ фочыр,
Шэ фlыцlэр къыхэзмыхауэ
Налом и Жэщтеуэм соджэ.
Дунейри симыгъэлъагъуу
Уи нитlым сыщыхуэчэфым,
Налом и Жэщтеуэ закъуэм
Уи зэшыр сщегъэгъупщэфыр.

Бемырзэ Зураб

#усэ #усэхэр #адыгэусэ #жэщтеуэ #налозаур #бемырзэзураб