Djarez Club
929 subscribers
2.51K photos
181 videos
19 files
293 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
加入频道
1. ΙэфракΙэ зэрытыпΙэ – локтевой сустав – articulatio cubiti
2. Ιэндэгъу къупщхьэ– локтевая кость – ulna
3. ΙэфракΙэпэ – локтевой отросток – olecranon
4. Ιэдий къупщхьэ – лучевая кость – radius
5. Ιэпщэ зэрытыпΙэ – лучезапястный сустав – articulátio radiocárpea

#Djrz_Пкъынэлынэ
Юлиус Клапрот адыгэ цIыхубзым яхужиIар.
 
«Ахэм (адыгэхэм - djarez) я цIыхубзым нэхъ дахэ ХытIуащIэм (Кэвказым) щыIэкъым. АрщхьэкIэ, гу лъытапхъэщ, псоми зэрагугъэм хуэдэу, тырку сэрайхэм адыгэ цIыхубзхэр куэду зэрыщIэмысым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэм я лъэпкъэгъухэр ауэ къызэрымыкIуэу мащIэрэщ зэращэр. Ящэми, ящэр къадыгъуа унэIутхэращ.
ЦIыхубз дахэм я нэхъыбэр тыркухэм къыщащэхур Долымрэ (Iимеретие) Сонэмрэщ (Сванетие). Адыгэм ящэр унэIут цIыхухъухэращ.
Адыгэ пщащэм я бгъэр апхуэдизкIэ куэншыбэкIэ якъузри, яIэуи-ямыIэуи плъагъукъым.
Адыгэм цIыхубзыр я гъунэгъухэм хуэдэу дакъузэкъым».
Къызыхэтхар: Юлиус Клапрот. «I807-I808 гъэхэм Кавказымрэ Куржымрэ сызэрыщызекIуар».

#Djrz_ЦIыхубз
Coco Chanel-рэ щхьэц зехьэкIэмрэ.

Chanel и щхьэцыр кIэщIу пигъэща нэужь махуэ зыбжанэм и кIуэцIкIэ цIыхубзхэм щхьэцыр кIэщIу зехьэныр уэру къызыдащтащ. Пэжыр жыпIэнумэ, Coco и япэкIи цIыхубз цIэрыIуэхэм я щхьэцыр пагъэщу щытащ, ауэ лъэщу модэ зыщIыфар Chanel-щ.

ИужьыIуэкIи Coco жиIэгъат: «Зи щхьэц пыгъэщыкIэр зыхъуэж цIыхубзым,  гъащIэми зыщихъуэжынщ» - жери.

#Djrz_lарт
«Пхъурылъхур къихьэм тхьэнапэр/псатхьэр магъ»

Мы псалъафэр пхъужьыр дыщым и нэнур иIыгъыу, и гъусэу къащыхыхьэжкIэ пщIэшхуэ игъуэту, и нэнум нэлейкIэ еплърэ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей зэрыхуагъазэм нэщэнэщ.

Пхъурылъхур къыдэкIуэтейрэ бэлигъыпIэ иувами, и анэшым къащыхыхьэкIэ, пщащэмэ ягъафIэ, щауэмэ ягъэгушхуэ.

АтIэ дэгъуэкъэ уи пхъурылъху бгъэфIэныр, бгъэгушхуэныр.

#Djrz_Псалъафэ
🌱Адыгэм и тэтем псэущхьэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ мыщэр. Хъищэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, мыщэр цIыхуу щытат, ауэ емыкIу зэрищIам щхьэкIэ мыщэ ящIауэ арат. Мыщэм ухуэзэныр адыгэм нэщэнэфIу къалъытэрт. ЖыпIэнурамэ, цIыхум хуагъадэт, ил яшхтэкъым. Ар къыщIигъэбыдэу щыIэщ псалъэжь: "Мыщэлрэ цIыхулрэ зэхуэдэ",- жери. ЩакIуэр мыщэ Iууамэ еуэ и хабзэтэкъым. Зыхуэзар мыщэбзмэ: "БлэкI, ди шыпхъу", мыщэхъумэ: "БлэкI, ди къуэш", - жраIэрт. А псалъэм щэнсэнуэ еплът, цIыхумрэ мыщэмрэ я благъагъэр кърагъэлъагъуэрт.

Псалъэгъэнахуэ: щэнсэныгъэ – магие.

#Djrz_Уэщl
#УэщIрэГущIэгъурэ
1. Ιэдакъэ – кости запястья – ossa carpi
2. Iэтхьэмпэ къупщхьэ, Ιэбэлагъ къупщхьэ – пястные кости – ossa metacarpi
3. Ιэпкъынэ – фаланги пальцев рук – phalanx
4. Ιэпхъуамбэ зэрытыпΙэ – межфаланговые суставы кисти - articulatio interphálangeae mánus
5. Ιэпэ – дистальная фаланга руки – phalanx distalis

#Djrz_Пкъынэлынэ
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
"...Iэпсэхэ Дианэ и псэм къиIущэщыр и Iэпэхэм къыпощэщ",- жери жиIат ХьэIупэхэ ДжэбрэIил. Ди maestro и псалъэ къыщIегъэбыдэ Дианэ «Djarez» хьэщIэщым щигъэхъам. А пщыхьэщхьэм ди хьэщIащ европей адыгэ хасэ зэгуэтхэм я тхьэмадэ Вэрокъуэхэ Затий. Instagram-м илъыр зы пычыгъуэщ, фытхъэну фыхуеймэ, ди YouTube кIэналым фыкъеблагъэ.
⤵️

https://youtu.be/YIxfWhRL2ns

#Djrz_TV
Tchemerzine Monique и гъащIэрэ и лэжьыгъэкIэ ахуэдизкIэ щызщи, кIэ имыIэу жыпIэн бгъуэтынщ. А лъэщагъэм щыщу зы теплъэгъуэ мащIэ зыщыдгъэгъуэзэнщ.
Балет Iартым нэхъ щыцIэрыIуэ дыдэ Maurice Béjart дуней псом щыпримэ-балеринэ Tchemerzine Monique музэ хуэхъури, 1961 гъэм «Гала» балет- спектакл цIэрыIуэ дыдэ  хуигъуващ, IартыщI пажэ Salvador Dalí и декорыр щIэту.

«Зэмыщхь зырихьэлIэкъым» жыхуаIэра хъунщи, а щыр куэду зэхуэфащэт.

#Djrz_Iарт
«Шъуз бзаджэм къыуимышIэн щыIэп»
 ⬇️

https://www.instagram.com/p/COA2aLXBa7y/?igshid=1j7qk1jebv9vr

#Djrz_lуэрыlуатэ
Адыгэ ныпыр мэпсалъэ, мэхасэри мэхабзэ!

СыщхъуантIэурэ, Адыгэ Хэкужьым сринэщэнэщ!
СыщхъуантIагъэмэ, гъащIэм, гъатхэм, щIалэгъуэм, бэгъуэным сыхуонэщэнэ.
Бжыгъэ гъэнэхуаурэ "ПЩЫКIУТIЫР" Iэпкълъэпкъ зэкIуж узыншэм и нэщэнэщ.
Си вагъуэ пщыкIутIырщи, АДЫГЭ ЛЪЭПКЪЫЩХЬЭР зэдэурэ зэкIужу щыIэным и нэщэнэщ.
Хабзэгъэнэхуаурэ си "ЩЫ"-рамэ уэщIым и мафIэ жылэм, жьы жылэм, псы жылэм я нэщэнэщ.
Шабзэмэ - адыгэ лIыхъущхьэм и нэщэнэфIщи,
Си шабзищыр хуитыныгъэм, захуагъэм, щыпкъагъэм я нэщэнэщ.
Дыщэурэ си дыщафэзэрылэр дыгъэм, нэхугъэм, лъэщыгъэм я пкъыдэщI-фэдэщIи.

#Djrz_АдыгэНып
«Адыгэ ныпым тет вагъуэ 12-м адыгэ лIакъуэ 12 къигъэлъагъуэу жаIэ хабзэми, аракъым. Iуэхум и захуэращи, е-19-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм щыгъуэ адыгэ лIакъуэхэр 20 нэхърэ нэхъыбэт, Урыс-Адыгэ Зауэжьым иужь къэнэжар 12 нэхърэ нэхъ мащIэт. «Зыгуэрым и Iыхьэ 12» жыхуиIэ гупсысэращ адыгэ ныпым симвэл гупсысэуэ щIалъхьар. Адыгэбзэм псалъафэ хэтщ, «и Iэпкълъэпкъ 12-р зэхуэдэщ» жери. Абы къикIыр аращи, «Iыхьэ 12-уэ зэхэтуэ, и щхьэ хурикъужрэ нэщIысауэ щыIэуэ зыгуэр»,- жиIэу аращ. 12-м симвэл купщIэщ иIыгъыр, рэциэналкъым. «7» бжыгъэм щэн-сэн (магие) зэрыхэлъым хуэдэу, «12»-ми хэлъщ, нэщIыса гуэрым и щапхъэщ»

Бгъэжьнокъуэхэ Барэсбий
тхыдэ щIэныгъэм и дохутыр

#Djrz_АдыгэНып
«ЦIыхубз пшэрыхь* хущанэ»

ЗытеIукIар цIыхубзым и Iуэхурэ и лъэIурэ япэ игъэщынырщ.
Япэм щыгъуэ шууфIхэм, лIы цIэрыIуэхэм «пшэрыхь», «пщафIэ» хужаIэу щIалэгъэсэн ягъусэу зекIуэхэрт. Зи Iуэху дэна цIыхубз урихьэлIамэ, е езы дыдэм зыкъыпхуигъэзамэ къэбгъанэу уежьэжыныр емыкIушхуэу къалъытэрт. Апхуэдэхэм деж, Iуэхур дэхыгъуей дыдэу щымытмэ «лIыфIым» и пшэрыхьыр Iуэхудэхыу цIыхубзым къыхущинэрт.

*Пшэрыхь/ пщафIэ – шхын зыпщэфI жиIэу аркъым псалъэм къикIыр, атIэ пасэрейм щыгъуэ, щIалэщIэхэм хабзэм, лIыгъэм, хыхьэ-хэкIым фIыуэ зыхуагъэсэн, зыщагъэгъуэзэн папщIэ шууфIхэм, лIы цIэрыIуэхэм лъэIукIэ зыхуагъазэрти, хъункIэ зэувалIэмэ пшэрыхь/пщафIэ (page) хъухэрт.

#Djrz_Псалъафэ