Djarez Club
929 subscribers
2.51K photos
181 videos
19 files
293 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
加入频道
Рубрикэм ухэтыну ухуей?👇🏻

Дгъэуэршэрыр ди лъэпкъэгъухэрщ. Зытедгъэпсэлъыхьыр я щхьэщ, я нэгу щIэкIащ - сытми, адыгэм, и бзэм, и хабзэм хуэунэтIауэ зыгуэрщ. Уигъэгушхуэну, уигъэгуфIэну, узэригъэгупсысыжыну – арщ нэтыным и пщэрылъыр. Фэри жыфIэжын фиIэмэ, зыкъэдывгъащIэ:

📥 @djarez[email protected]
Мывашэ щIыхьэхуIэнэ

Унэлъапсэр ухуэным, ар къэхухьыжыным халъхьэну, ихьыну мывэр щIыхьэху зэхуашэсурэ псыхъуэм къыдаш хабзэт. Мывашэ кIуэным махуэ-махуитI иIэу “мывэхэдз” жаIэрти хьэблэ щIалэцIыкIухэр псыхъуэм кIуэрт, мывэ къыхадзырти, зэтралъхьэжырт, къызэрашэжыным хуэдэу. ИужькIэ гъунэгъу цIыхухъухэм я выгухэр зэщIащIэрт, мывашэ щIыхьэхур зэхаублэрти зырикъуну мывэр къашэрт. Хабзэм къызэриубыдыу, хьэблэ фызхэм щIыхьэхушхыну япщэфIагъэхэр щIыхьэхур зызей унагъуэм къырахьэлIэрти мывашэ щIыхьэхуIэнэр къаухуэрт. Лэжьахэми загъэтхъэжырт, хъуахъуэхэрти зэхуэгуапэу зэбгырыкIыжырт.

#Djrz_Iэнэ
Унэгъэув щIыхьэху Iэнэ

Унэпкъ гъэувыныр “Бжэгъулъэ махуэ, унапIэ махуэ” хъуэхъукIэ яублэрти, пхъащIэхэр я пашэу унащхьэм нэсыху пкъыр зэфIагъэувэрт.

#Djrz_Iэнэ
Нобэ къэгъэзэж и махуэщ (Репатриантым я махуэ). Ущӏэхъуэхъуэнышхуэ щыӏэкъым, ауэ зи Хэку зыгъуэтыжа закъуэтӏакъуэм дынывохъуэхъу. Мы махуэр тхуэмэхуэну, фӏы къытхудэкӏуэну Тхьэм жиӏэ.

#КъэгъэзэжИМахуэ
ЯтIэзехьэ щIыхьэху Iэнэ

Унэ блыныр/дэпкъыр, пкIащхьэр/пкIафэр ятIэ зэхэщIакIэ, ятIэ къыпцIэкIэ, ятIэ гъэшыпсакIэ (solutio) яйрт, къытыраерт, щIаерт, жыпIэнурами, зэрыунэу зэщIаерт. ЯтIэр зэхэзылъхьэу шыкIэ зыутэр цIыхухъухэр арт, ауэ ар зыгъэкъыпцIэр, зыгъэшыпсыр, Iэгу ятIэкIэ унэр зезыхьэ цIыхубзхэрт. АтIэ мис а цIыхубзхэм пкIафэ къытееныр иужь къырагъанэрти, щIыхьэхухабзэ щхьэхуэкIэ къырагъэкIуэкIырт: пкIащхьэр къытыраену дырагъэкIуеир нэхъ ныбжь зиIэ фызхэрт, ныбжьыщIэхэм ятIэр худырахьеирт. Лэжьыгъэр щаухым нэхъыжьыIуэр къытенэрти, “унэр дэгу мыхъун папщIэ” пкIафэ хъуэхъу-гушыIэр гоуурэ иублэрт:

О-о-у, унэ махуэ хъун!
~~~
О-о-у, выжь укIыпIэ хъун!
ИкIым къырихьэу,
Къихьэм къыринэу,
Унагъуэшхуэ хъуну,
Тхъэжу щIэсыну
ТызоIуэ, изоIуалIэ!
Дахэ зыщIэнрэ жызыIэнрэ щыIэм фыкъыдэкIуей!

Мыдрейхэми: “Умыгоу, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуэн, къэдгъэсащ” - жаIэрти, къытенам къехыжыпщIэу IэфI-IуфI шхыныгъуэхэр кхъузанэм, шыбзэм илъыу къыхуахьырт (“шхын псор кхъузанэм йокI” жыхуаIэу), къинэмыщIауэ фIыхьэхутынуи (gift) джэнапхъэ, напэIэлъэщI хуэдэхэмкIэ егуапэрт.

#Djrz_Iэнэ
«Нарт ерэщыкъо зэриушэтыгъэхэр»

Уахэмыхьэу лIэр пшIэрэп aIo. ГущыIэнымджэ маисэу, лIыгъэ зехьаным фэсэмэгоу щыIэр макIэп.

Нарт Ещэрыкъо «СылI» зыIорэмэ ащыщыгъ, лIы фэмыфыгъэп, пIоныl хъуми.

Пшъашъэ горэ лIы ратынэу, мэфибл джэгу фашIыгъэу, ар аухмэ пшъашъэр ащэнэу, шъузыщэхэри хьазырэу щытыгъ.

Арэущтэу хьазэрэу шъузыщэхэр щытхэзэ, нарт Ещэрыкъо джэгум ахэтыти:

«Сеплъын мыщ ялIыгъэ къыхьырэм!» — ыIуи пшъашъэр ыпхъуати, ишыплIэ ригъэкIуи рилъэсэжьагъ!

— О мардж, емыгъэхь! — aIуи, «хьайт-сайт» аIозэ лъежьагъэх. Ау, ежьхэмэ яшыхэр Iэгум къыдамыгъэкIышъузэ, адырэр — «тэ щыI?» — нэплъэгъум икIодыкIыжьы фежьагъ.

КъызэплъэкIи: «Мыщ саIэкIэкIыжъыпи хъунэп», — ыIуи, ишы къыжэдаIи, шыухэр нахь зыкIигъэхьагъэх. Джы кIэмыхьапэхэмэ джы кIэхьэпэнхэба зыфэпIоным хэтхэу зэлъэкIох. Аузэ, купэу ыуж итымэ ащыщ горэми кIэхьанэу, пшъашъэр къыIэкIихыжьынэу унэшъо теубытагъэ зэримыIэр нарт Ещэрыкъо къызешIэм, ишы елъэдэкъэожьи, жьым хэфыти зыригъахьыжьыгъ.

Арэущтэу зэхъум, зыдачъэрэри амышIэу делэ фачъэу чъэ зэпытыныеха? — зырыз, тIурытIузэ шыумэ къагъэзэжьыгъ. Пшъашъэр къэзыщэнэу щыт кIалэм къыгъэзагъэп. КIозэ чэщ хъуи, мэз гъэхъунэ горэм чэщыпэ чъые щырихыгъ.

Нэф зэшъым, тэджи чылэ горэм дэхьагъ. Зыдахьэм, а лIэу зыкIэмыхьагъэм иш шыпсыхэгъахьэ къащагъэу ышIэжьыгъ. А шэр зиIэгу дащэжьыгъэ унагъор бысым
ышIи, лъэгъунэу иIэр щиIотагъ.

Бысымэу ышIыгъэр нарт Ещэрыкъоу къычIэкIи:

— Дэгъу, укъылъыкIуагьэшъ, пшъашъэр остыжьын, — ыIуи пшъашъэри адырэ унэм къыфычIищыжьыгъ.

КъадэкIуати къ ытIупщыжьыгъэх.

Нарт Ещэрыкъо ар ышIэгъагъэу къаIотэжьы.

#Djrz_IуэрыIуатэ
«ШУПАШЫКЪУЭМ И ЩIЭИН»

Си анэшхуэр зэрылъху-зэрыфIу зэхэс ди унагъуэм и гуфIэгъуэщ, нобэ илъэс щэныкъуэм сынэсащи, «Москофу натIэ зэрыхъэуэ си сырыху цIыкIу» жиIэурэщ къызэрызэджэр.

Къысхуэгубжьауэ щытми, къызэдэхэщIэну щытми, лъынтхуэшхуэхэр зырикIуэ и Iэ бэлагъ псыгъуэ цIыкIухэмкIэ си щхьэц сырыхухэр къихичыным хуэду къекъурэ си тхыцIэм къытелъэщIыхьынщ, тIэкIу тыркубзэ ныкъуэкIэ, ауэ и нэхъыбэм адыгэбзэкIэ «си Шупашыкъуэ, си хьэтакъыр, си благъуэ цIыкIу, дуней нэхум укъытезынэ» жиIэурэ къыхэкIиикIыу, модэ джэдум зэрытелъыщIыхьым ещхьыуэ къыстелъэщIыхьынщ, нобэ нэгъунэ апхуэдэщ.

Здэщысым щысу ди унагъуэр зэрехьэ, «мор фщIэ, мыр фщIэ» жиIэурэ псоми и Iуэху хилъхьэуэ щытщ. Хадэми, бом щIэт жэмхэми, джэдэщым щыгъуалъхьэ джэдхэми – зыкъэмынэми я Iуэху зэрехуэ, утыкур зейр сэращ, жыхуиIэу.

Унагъуэм исхэри, абы ищI унафэм есащи, абы жиIэм емыдаIуэуэ ягу загъэкъым, ауэ едаIуэхэми щхьэж зыфIэфIщ ищIэр…⬇️

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_4852

#Djrz_Гъуазэрытхэ
Щхьагъэ: жэпуэгъуэ, бжьыжьэкумазэ
КIахэ: чъэпыуогъу

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. Уи бзэр гъэмрэ щIымрэ къриубыдэу къэхъу-къащIэм хуэщIамэ аракъэ?!

Нэхъыбэ фщIэмэ, фыкъатхэ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ