This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
⬇️
https://www.instagram.com/p/CO5jr07qQy_/?igshid=13c63pzcl0ix1
Пасэрей щIыкIэу, гуауэдэх дауэдапщэм и нэщэнэу, Iэ сэмэгур дывгъэIэти шэджагъуэнэм (السمت) 12:00 ирихьэлIэу мыпхуэдэ теплъэм иту, #ГУАУЭДЭХ хэштэджыр кIэщIэту къидывгъалъхьэ.
Накъыгъэм и 21-р ди зэхуэдэ гуауэдэх махуэщи, щыгъуэныр щIыбым, уэрамым зэкIэ щызедмыхьэфми, цIыхуцIэ зиIэр щызэхуэс интернетым щыгъуэщI пэкIур (лат. actio) щедывгъэгъэкIуэкI.
Адыгэр щыгъуэщIым щахыхьэм, "Тхьэм фщимыгъэгъупщэкIэ" хохьэри "Тхьэм фщимыгъэгъупщэкIэ" къахокIыж. АтIэ, лъэпкъыр дыщыIэху, накъыгъэм и 21-р Тхьэм тщимыгъэгъупщэ!
Общенациональный День памяти черкесов.
У нас, черкесов, при соболезновании в знак скорби было принято поднимать левую руку так, как это сделано в данном видеоролике. Следуя традициям предков, мы предлагаем 21 мая, в 12:00 всем, кто разделяет нашу боль, провести акцию - поднять левую руку в знак скорби по жертвам геноцида черкесского народа и выложить фото под хэштегом #ГУАУЭДЭХ
#Djrz_Гуауэдэх

Зыбгъазэу зы шэ яхэбдзэркъэ – уи гур кIуэду, укъыхэщтыкIыу, бийм уи щIыб хуэбгъазэу ущIэмыпхъуэж, зыгъази укъаукIынуми яхэуэ жыхуиIэрщ.
Зебдзыхыу зы хьэдэ къэпщтэжыркъэ – адыгэ зауэлIхэм зауэ IэнатIэм я хьэдэ къыIуанэртэкъым, зауэм и хабзэкIэ, ухэкIуэдэнми, хьэдэр къэпщтэжын хуейт.
Аращ-тIэ, адыгэм «хабзэрэ зауэрэ» щIыжиIар.
#Djrz_Псалъафэ
Зебдзыхыу зы хьэдэ къэпщтэжыркъэ – адыгэ зауэлIхэм зауэ IэнатIэм я хьэдэ къыIуанэртэкъым, зауэм и хабзэкIэ, ухэкIуэдэнми, хьэдэр къэпщтэжын хуейт.
Аращ-тIэ, адыгэм «хабзэрэ зауэрэ» щIыжиIар.
#Djrz_Псалъафэ
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Урыс-Адыгэ зауэм адыгэ цIыхубзыр дауэ хэта? Сыт и щхьэ кърикIуа? ЦIыпIынэхэ Аслъан трахауэ щыта нэтыным щыщ пычыгъуэм куэд егъэнахуэ.
#Djrz_ЩыгъуэщIМахуэ
#Djrz_ЩыгъуэщIМахуэ
«Къонтхъым нэмыкIэу, блэнагъэу ахэлъым хъулъфыгъэ, бзылъфыгъэ гъэрыбэхэри къыпакIощтыгъэх. Къэбэртэе адыгэхэр унэхэм ашIуихьэщтыгъэх, нахь уасэ зиIэ пкъыгъохэр е къаIэкIахьэрэр гузажъохэзэ къарахыщтыгъ, ау унэхэм машIо акIадзэщтыгъэп, лэжьыгъэшIапIэхэр аулъэгущтыгъэхэп, сэнэшъхьэшIапIэхэр зэхакъутэщтыгъэхэп. «Тхьэм къыгъэкIыгъэхэмрэ цIыфым ылэжьыгъэхэмрэ сыд пае тяIэн», аIощтыгъ ахэм. КъушъхьэчIэс хъункIакIоу мыхъуныбэ зыхэлъыр ащ фэдэ хабзэм зэрэрыгъуазэрэр лIыгъэ шапхъэу плъытэмэ хъущт; гъэсэгъэшхохэр къызыхэкIыгъэ лъэпкъхэр ащ фэдэ лIыгъэшхом рыгушхоныгъэхи ащ фэдэ ежьхэм ахэлъыгъэмэ».
Къызыхэхыгъэр А. А. Бестужев-Марлинскэм и «Аммалат-бек»
#Djrz_УэщI
Къызыхэхыгъэр А. А. Бестужев-Марлинскэм и «Аммалат-бек»
#Djrz_УэщI
Генрих Iамбрэз Iекерт (1807–1840) – джэрмэней сурэтыщI-бэтэлистщ. Европэм я Iарт кIулътIурэм и курыкупсым хэхъухьа IартыщIщ. «Къэзакъхэмрэ адыгэхэмрэ зозауэ» жыхуиIэ сурэтыр 1838 гъэм итхауэ щытащ. Сурэтым адыгэ шуудзэ пакIэрэ къэзакъ шууей гупрэ зэрызэхэуэр къыщыгъэлъэгъуащ. ИпэIуэкIэ сурэтыр урыс инэрал Барятинский Iэлександр и кIэлекцэм хэлъащ, иджыпсту Дагъыстэн музейм щахъумэ.
#Djrz_Iарт
#Djrz_Iарт
Нобэ адыгэм и щыгъуэщӏ махуэщ. Ди япэ ища ди адэжь-анэжьхэм фи хьэдрыхэ махуэ Тхьэм ищӏ. Ди щхьэ кърикIуар лъэпкъкӏэ лажьэгъунэ тхуэхъунуэ Тхьэм жиӏэ.
#Djrz_ЩыгъуэщIМахуэ
#Djrz_ЩыгъуэщIМахуэ
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Мы нэтыныр Тыркум щыщ ди еджакIуэхэм трахащ.Фи гуащӏэ мыкӏуэщӏу, фи гугъэрэ фи гъащӏэрэ зэтехуэу, хабзэрэ бзэрэ фщымыгъупщэу Тхьэм фыщигъыӏэ.
Нобэ адыгэм и #Гуауэдэх махуэщ
#Djrz_ЩыгъуэщIМахуэ
Нобэ адыгэм и #Гуауэдэх махуэщ
#Djrz_ЩыгъуэщIМахуэ
«Хьакопэч къехъулIагъэр»
⬇️
https://www.instagram.com/p/CPLkHhytqkN/?utm_medium=copy_link
#Djrz_ЩыгъуэщIМахуэ
⬇️
https://www.instagram.com/p/CPLkHhytqkN/?utm_medium=copy_link
#Djrz_ЩыгъуэщIМахуэ
«Хьэ ныбэ» жыхуиIэр илъэсищэ енкIэ екIуэкIа лъэпкъгъэкIуэд зауэжьырщ. «Хы ныбэ» жиIэмэ, щхьэхуимыту хэкур зрагъэбгына ди цIыхухэр куэду хы ФIыцIэм зэрыхрагъэтхьэлыхьарщ.
#Djrz_Псалъафэ
#Djrz_Псалъафэ