Djarez Club
929 subscribers
2.51K photos
181 videos
19 files
293 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
加入频道
«ШЫДЫГЪУ»

ХъупIэ и куэду шы щызепхуэну фIыт Узуняйлэр.

Аращ, жаIэ, «шы щызепхуэну дэгъуэщ» жари, Хэкуми тIэкIу ирагъэщхьри, абы итIысхьэн щIэхъуар адыгэхэр.

ШыкIэт цIыхухэр зэрызекIуэр, уасэфIи ищIт шым, къэралыгъуэ дзэм иращэуэ. Адыгэхэр апхуэдурэ зыкъомрэ шым тепсэукIащ.

1950 гъэр къыщынэсам, кIуэху нэхъ мащIэ хъууэ щIидзами, Узуняйлэ щIыгум иджыри шы хъушэхэр итт изу. А гъэм Узуняйлэм къизэрыхьат зы тырку дыгъу гуэрэ, шы сытхэр пихурэ ихуу. Ди къуажи дэст абы хуэдэ, Хьэшым жари зылI, дыгъуэнкIэ Iэзэрэ апхуэдэ Iуэхухэм хуэIэкIуэлъакIуэу.

Тырку дыгъумрэ мы Хьэшымымрэ кIуэгъу-тIысэгъу зэхуэхъуауэ Iуэху къызэдырагъэкIуэкIт.

МыйтIум ди къуажэ шыхэми я нэIэ традзэ.
Ди къуажэ шыхъуэр Сэлихьт, Сэлихь гъунэгъу къуажитI-щым яшхэри хэту хъушэшхуэ пэрытт.

Зы махуэ гуэрэ Хьэшымрэ и гъусэмрэ жэш хъууэ цIыхухэр зэгъэжа нэужь, зы фо мати къадыгъури, губгъуэм Сэлихь шы щигъэхъум яхьри макIуэ…⬇️

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/djarez.club

#Djrz_Гъуазэрытхэ
Цыщ щIыхьэху Iэнэ

ЗэрыжытIащи, адыгэм мэлыр куэду зэрихуэрт, гъэм и кIуэцIкIи тIэу щыгъуэ къащырт (гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ), цышхуи къытырахырт. АтIэ апхуэдиз мэлыр къэщыныр, зыхуей хуэгъэзэныр унагъуэ закъуэм хузэфIэкIыртэкъым. Абы ипкъ иткIэ цыщ щIыхьэху жаIэрти хьэблэм, къуажэм дэс лIыжь тIысыжахэм къеджэхэрт. Цы къэщыным хуэIэрыхуэ хъун щхьэкIэ лIыжь къэсыху я лъакъуэр зырагъэувэн (хуиту щызэблахыу) кумб къыхуатIырт я лъэгуажьапщэм нэсу, лIыжьхэр кумб Iуфэм щыубгъа упщIэм тетIысхьэхэрт, кумбым я лъакъуэхэр ирагъэувэрт, щIалэхэми мэл лъакъуэр пхауэ я куэщI къыралъхьэрти арат я къэщыкIэр. Апхуэдэ щысыкIэм бгыр иригъэшыртэкъым, лъакъуэхэри щIыIэтыIэу мащэм итт. Шхэгъуэ хъуамэ, лIыжьхэр къызэфIэувэжырти, тIэкIу захущыхьырт, псы-напэIэлъэщI яIыгъыу щIалэхэм зырагъэтхьэщIырт, здэщысам ягъэтIысыжырти, цыщ щIыхьэхушхыныр зытелъ мэлыхъуэIэнэр* я куэщI иту ягъашхэрт.

*МэлыхъуэIэнэ, шуIэнэ - зы цIыхущхьэм хуэщIа, щалэ зи Iувагъ пхъэмбгъу хуэплIимэ-кIыхь, и щIагъ бгъуитIым тIуалэ зэбгъузэнатIэ я Iувагъыу пхъэлъакъуэ цIыкIу щIэIулIауэ, Iэнащхьэ пхъэмбгъум ику дыдэр фалэ теплъэу къихъукIауэ, къихауэ (сурэтым феплъ).

#Djrz_Iэнэ
Щхьагъэ: дыгъэгъазэ, щӏымахуэпэмазэ
КIахэ: тыгъэгъаз

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. Уи бзэр гъэмрэ щIымрэ къриубыдэу къэхъу-къащIэм хуэщIамэ аракъэ?!

Нэхъыбэ фщIэмэ, фыкъатхэ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
«ЗЭГУШ»

А зышэну щIалэр ныжэбэ илъагъун хуэду къыщыхъут Зэгуш, и гум арат жиIэр, мызэ-мытIэу ипэм куэдрэ гъунджэм иплъат, ауэ иджырэкъэс зыкъригъэлъэгъуатэкъым а и насып зыхэлъ щIалэм.

Хъыджэбз нэхъыжьхэмрэ нысащIэхэмрэ куэдрэ жаIэуэ зэхихат, жэш мазагъуэу хуэбгъазэу гъунджэм уиплъэмэ, зэм мыхъуми зэм узышэну щIалэр зэрыплъагъунур, нысащIэхэм хэтым быдэуэ жаIэт ялIхэр апхуэду гъуэджэм къызэрищар.

Гъунджэм ущиплъэкIэ щIалэр къакIуэт, зыгуэр къыбжиIэти, жи, итIанэ игъэзэжт, апхуэдэуэт гъунджэм къызэрикIыр узышэну щIалэр. Хъыджэбзхэм къин куэд яшэчт, нтIэ, «хэту пIэрэ дызышэнур?!» жаIэурэ.

НэгъущI зыгуэри жаIэт. Мэл куэпкъым къупщхьэр щызэфIэлъым деж асмыж жари зы къупщхьэ иIэщ, мис ар уи пIэщхьагъ щIагъым щIэплъхьэрэ ужеймэ, узышэну щIалэр абы щыгъуи плъагъут, жи.

Чылархэ ис си адэшыпхъум иужькIэ ар жиIэжт: «Ахуэду сыхъыджэбзу, гъунджэм мазэр кърезгъэдзауэ сиплъэу…⬇️

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/djarez.club

#Djrz_Гъуазэрытхэ
ЩыгъуэщI тхылъ

Куэду гухэщI тщыхъуащ ди щIэныгъэлI цIэрыIуэу ЕмыкIхэ Нуржан и шыпхъур зэрыщымыIэжыр.

Нуржан, фи лIам увыIэпIэ дахэ Тхьэм кърити, мы гуауэр фщызыгъэгъупщэн фымылъагъуу фыщигъыIэ. ФIырэ гуфIэгъэкIэ Тхьэм фыкIэлъигъэпсэу. Абы къимыгъэщIар фи щIэблэм къахупищэ.

«Djarez» гуп
Щхьагъэ: щIышылэ, щIымахуэкумазэ
КIахэ: щылэмаз

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. Уи бзэр гъэмрэ щIымрэ къриубыдэу къэхъу-къащIэм хуэщIамэ аракъэ?!

Нэхъыбэ фщIэмэ, фыкъатхэ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
Цыпх щIыхьэху Iэнэ

Цыпхыныр, цыджыныр, цыпщIыныр лэжьыгъэшхуэт, лэжьынейт, зыIэ-IитIкIэ илъэскIи зэфIэкIынтэкъым. Арат щIыхьэху ящIу хьэблэ хъыджэбзхэр къыщIырагъэблагъэри. Апхуэдэ щIыхьэхум хъыджэбзхэр зэрыгъэуэршэру, зэрытегъэууэ цыр япхыу, япщIу, яджу жэщым зэхэсхэрт. Хъыджэбзхэм хьэблэ щIалэхэри къахыхьэу къахэс хъурт, къадэгушыIэу, уэрэдхэр жаIэу. ЩIыхьэхуми езым и уэрэд иIэжт:

Цыпхынэ, цыпхынэ, дэнауэ!
Науэжьыжьыр щхьэмыпхщ.
(Уа,) дыди цыпхыдзэм
Си гум и ныкъуэр хегъэщI!

(Уа,) дэ ди гухэщIхэр
Нани дади ямыщIэ.
ЯмыщIэми щIэпыкIэ,
Ди Iур дыджмэ - бэджынэ!

Няу, няу, джэдыкIэжьапхъэ!
Няу, няу, кхъуейжьапхъэ мащIэ!
Цыпхыдзэри маджэ,
Ди анэр маджэ, дывгъэкIуэж!

#Djrz_Iэнэ
«Пэтэрэз икIодыкI»

Нартыхэр, ятэ зэраукIыгъэм пае, Пэтэрэз ыгъэпыеу фежьагъ. Нартыхэр кIочIэгъу къыфэхъунэу щытыгъэп. Нартхэр зэIукIишъ Пэтэрэзы къыдэгущэIагъэх:

– ЗыфапIорэ лъэуасэу оттыт, къытэшIу.

– СIорэ шъушIэхэны хъумэ сышъошIу, – ариIуагь.

Нартхэр еуцолIагъэх.

– ШъукъедэIу, нартхэр, ыдж силъэуасэ: щыбзэджэ псы къэшъухьын сежъугъэшъот, уашъом лъэой ешъудзын шъудэкIоет, цацэджэ тхъу сфэжъугъэжъон сэжъугъэшкыт. Хэшъаеу сипчъэ къыIушъулъхьат, дэнэ стафэджэ сиунэ шъубгъэт.

Нартхэр пыхьи шъхьай афэшIыгъэп. Нартмэ агу кIодыгъэ, Пэтэрэзи кIочIэгъу фэхъухэрэп. КIочIэгъу фэмыхъухэ зэхъум, мыдэеу, ыIони ышIэу, ыджыри лъэгъупхъэу, Пэтэрэзы янэ пагъэхьагъ. Пагъахьи шъузэр ыштэжьынэу лIэр дэгущэIагъ. Шъузым къыдиштагъ. КIасэджэ фепсыхыгъ. Шъузым лъэшэу шIу къылъэгъугъ.

ЛIым Пэтэрэзы янэ риIуагъ:

– Пкъо тыкъызишIэрэм сэри ори тигъэпсэутэп, ау зыхъуджэ дгъэкIодмэ нахьышIу.

Янэ къыдиштагъ:

– Шъыд амал?

– Ащ иамалэр: нэмыкI кIапсэджэ къулае хъутэп, пшъхьац щыщэу IапIэ хэуупкIыни, шыкIэ хэдгъэшэни дгъэхьазэрыт. – УизгъэкIытэп, пкIуачIэ зыфэдизэр сымышIэу, мыджэ успхыни къызэпэочмэ сеплъыт, – Iуи еIу. Зыупхыджэ ар къызэпичын ылъэкIытэп. Сэ псынкIэу сыкъэсыни тыукIыт.

ЗэриIуагъэм фэдэу шъузым ышIыгъ. КIалэр зепхым къызэпичын ылъэкIыгъэп. Адрэр хьазырти къэси ыукIыгъ.

Джар иукIыкIэу Хъымыщыкъо Пэтэрэз нартмэ аукIыгъ.

#Djrz_IуэрыIуатэ