«Шъуз бзаджэм къыуимышIэн щыIэп»
⬇️
https://www.instagram.com/p/COA2aLXBa7y/?igshid=1j7qk1jebv9vr
#Djrz_lуэрыlуатэ

Адыгэ ныпыр мэпсалъэ, мэхасэри мэхабзэ!
СыщхъуантIэурэ, Адыгэ Хэкужьым сринэщэнэщ!
СыщхъуантIагъэмэ, гъащIэм, гъатхэм, щIалэгъуэм, бэгъуэным сыхуонэщэнэ.
Бжыгъэ гъэнэхуаурэ "ПЩЫКIУТIЫР" Iэпкълъэпкъ зэкIуж узыншэм и нэщэнэщ.
Си вагъуэ пщыкIутIырщи, АДЫГЭ ЛЪЭПКЪЫЩХЬЭР зэдэурэ зэкIужу щыIэным и нэщэнэщ.
Хабзэгъэнэхуаурэ си "ЩЫ"-рамэ уэщIым и мафIэ жылэм, жьы жылэм, псы жылэм я нэщэнэщ.
Шабзэмэ - адыгэ лIыхъущхьэм и нэщэнэфIщи,
Си шабзищыр хуитыныгъэм, захуагъэм, щыпкъагъэм я нэщэнэщ.
Дыщэурэ си дыщафэзэрылэр дыгъэм, нэхугъэм, лъэщыгъэм я пкъыдэщI-фэдэщIи.
#Djrz_АдыгэНып

«Адыгэ ныпым тет вагъуэ 12-м адыгэ лIакъуэ 12 къигъэлъагъуэу жаIэ хабзэми, аракъым. Iуэхум и захуэращи, е-19-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм щыгъуэ адыгэ лIакъуэхэр 20 нэхърэ нэхъыбэт, Урыс-Адыгэ Зауэжьым иужь къэнэжар 12 нэхърэ нэхъ мащIэт. «Зыгуэрым и Iыхьэ 12» жыхуиIэ гупсысэращ адыгэ ныпым симвэл гупсысэуэ щIалъхьар. Адыгэбзэм псалъафэ хэтщ, «и Iэпкълъэпкъ 12-р зэхуэдэщ» жери. Абы къикIыр аращи, «Iыхьэ 12-уэ зэхэтуэ, и щхьэ хурикъужрэ нэщIысауэ щыIэуэ зыгуэр»,- жиIэу аращ. 12-м симвэл купщIэщ иIыгъыр, рэциэналкъым. «7» бжыгъэм щэн-сэн (магие) зэрыхэлъым хуэдэу, «12»-ми хэлъщ, нэщIыса гуэрым и щапхъэщ»
Бгъэжьнокъуэхэ Барэсбий
тхыдэ щIэныгъэм и дохутыр
#Djrz_АдыгэНып
Бгъэжьнокъуэхэ Барэсбий
тхыдэ щIэныгъэм и дохутыр
#Djrz_АдыгэНып
«ЦIыхубз пшэрыхь* хущанэ»
ЗытеIукIар цIыхубзым и Iуэхурэ и лъэIурэ япэ игъэщынырщ.
Япэм щыгъуэ шууфIхэм, лIы цIэрыIуэхэм «пшэрыхь», «пщафIэ» хужаIэу щIалэгъэсэн ягъусэу зекIуэхэрт. Зи Iуэху дэна цIыхубз урихьэлIамэ, е езы дыдэм зыкъыпхуигъэзамэ къэбгъанэу уежьэжыныр емыкIушхуэу къалъытэрт. Апхуэдэхэм деж, Iуэхур дэхыгъуей дыдэу щымытмэ «лIыфIым» и пшэрыхьыр Iуэхудэхыу цIыхубзым къыхущинэрт.
*Пшэрыхь/ пщафIэ – шхын зыпщэфI жиIэу аркъым псалъэм къикIыр, атIэ пасэрейм щыгъуэ, щIалэщIэхэм хабзэм, лIыгъэм, хыхьэ-хэкIым фIыуэ зыхуагъэсэн, зыщагъэгъуэзэн папщIэ шууфIхэм, лIы цIэрыIуэхэм лъэIукIэ зыхуагъазэрти, хъункIэ зэувалIэмэ пшэрыхь/пщафIэ (page) хъухэрт.
#Djrz_Псалъафэ

Карл Кох адыгэ цIыхубзым яхужиIар.
«Хъыджэбзхэр я дэлъхухэм я гъусэу ягъасэ, ахэм хуэдэу шууфIщ, шабзэкIэ Iэзэу мауэ. Адыгейм (Черкесием) къыщызыкIухьа Мариньии, Бели ятхыж, хъыджэбзхэр куэдрэ къакIэлъыкIуэу зэрыщытар. Индарыкъуэ пщы лъэпкъым щыщ пщащэхэм я хьэщIэхэм нэхъри зрагъэIэжьэн щхьэкIэ яхуэщIэ къагъанэтэкъым. Бел имыцIыху хъыджэбз куэдрэ къыхуэкIуэт IэфIыкIэ, пхъэщхьэмыщхьэ тыгъэу иIыгъыу. Пщащэр и адэ, и дэлъху и жыIэ тетми, псэлъыхъум нэсамэ, Iуэхур куэдрэ езым зэрифIэфIым хуэдэу къригъэкIуэкIт».
Къызыхэтхар: Карл Кох. «Урысеймрэ Кавказ щIыналъэхэмрэ сызэрыщызекIуар».
#Djrz_Цlыхубз

Хабзэт нэгъабэрей (гъэ кIуам) джэгушхуэм гуащэу хаха пщащэ цIэрыIуэр мыгъэрейм, джэгур щекIукI пщIантIэм джэгуакIуэхэр къыпежьэрэ я щIыбкIэ икIуэтыжу, гуащэ уэрэдкIэ ягъафIэурэ дэшэныр.
А хабзэ дыдэмкIэ пежьэурэ къыдашэрт пщыхэм, уэркъышхуэхэм япхъухэр, фIэрафIагъэрэ IумахуагъэкIэ, Iэщабэ–IущэбагъэкIэ, IэпэIэсагъэрэ гъэсэныгъэкIэ цIэрыIуэу, пэрыту щытмэ. Армыхъумэ, сыт хуэдэ пщы-уэркъышхуэм уримыпхъуу щымытами, апхуэдиз пщIэ уагъэлъэгъунтэкъым…
#Djrz_Хабзэ

ИпэкIэ зэрыжытIащи, адыгэм мыщэм пщIэ лей хуищIуэ къекIуэкIащ. Мыщэр хъий икlыу цIыхум тебэнэну хуекIуэрэ, нэгъуэщI хэкIыпIэ щымыIэжу иукIын хуей хъуамэ, зи щхьэ зыхъумэжу цIыху зыIэщIэукIам хуагъадэт. Мыщэ щIылъэ хыфIадзэтэкъым, атIэ хабзэм тету щIалъхьэжт. А хабзэхэм тетхыхьауэ щытащ Iетногрэф Iэзэмэтхэ Минкъутас. Мыщэм и пкъым и кIыхьагъыр бжэгъукIэ къапщти, абы хуэфэщэн кумб къатIт. Абы иужькIэ, мыщафэр трахт, щхьэ-лъакъуэр паупщIт, дзэпкъымрэ, блэгъу ижьымрэ къыхахт. Къэнэжа мыщэ щIылъэр и кIыхьыпIэмкIэ кумбым ирахьэхт, чырэ тхьэрыкъуэфкIэ щIауфэти, хурикъун хуэдиз щIыгулъ тракIутэжт, дыгъужьыр Iуигъэщтынуи мэлыц гъэлыгъуа тракIутэжт. ЦIыху щIалъхьауэ кхъэм къыдэкIыжыр зэрызэмыплъэкIыжым хуэдэу, мыщэ щIэзылъхьари къызэплъэкIыж хабзэтэкъым.
#Djrz_Уэщl
#Djrz_Уэщl
МэкъумэшыщIэр, Iэхъуэшыхъуэр гъэм йохъуэхъу.
Нобэ гъатхэщ, гъалъхуэщ!
Сохъуахъуэ, сотхьэлъэIу:
Ди тхьэу, Тхьэшхуэ!
Дыгъэпсым, уэсэпсым,
Псы уэрым дыщомыгъащIэ.
Мэшрэ гъэшкIэ, хьэсэрэ гъасэкIэ къытхуэупсэ.
УэщI къэщIу псэхэр къызыхэхъукI.
Псэущхьэхэу:
ХьэкIэри кхъуэкIэри,
Къуалэри бзури,
Хьэпщри хупщри,
Псыхэсри псыхупщри,
Гъуди бадзи,
ЦIыври цIутIри,
ХьэпIацIэри хъумпIэцIэджри,
Къакъэри кIэцIри,
ЦIыху цIыкIури
Псырэ шхынкIэ иригъэкъу.
Ди хъушэхэу:
Iэщыр, Iэбгъэр,
IэщIэ – выщIэр, щIэжьейхэр,
ХакIуапщIэ жэрыбэр гъэбагъуэ.
БжьэкъэпщIыр гъэбати,
Фо хьэкIуэкIэ къыдэтэ.
Адырейуэ:
Ди щIыр гъэтIэпI,
Ди щIанэр гъэкIыр.
Гъагъэ, гъавэ,
Гъуэмылэ, мэкъумылэ,
Жылэ, шхылэ
куэду къэдгъэлэжь.
БатIхэ МатIэ и къуэ Хьэбас (Къылышбий хьэблэ 12.03.1928гъ. къыщалъхуащ) 1996 гъэм, гъатхэ мазэу хъуахъуэу зэхэсхри, нобэр къыздэсым гукIэ къесхьэкIащ. И хьэдэрыхэ дахэ ухъу!
Думэныщхэ Iэулэдин
#Djarez
#Джэрэз

Нобэ накъыгъэм и 1-щ. Уафэм и къабзэгъуэщ, щIылъэм и щхъуантIэгъуэщ. Дызэрыхьа мазэм иджыри хакIуэ утIыпщыгъуэкIэ, вэныгъуэкIэкIэ йоджэр.
ФIэщыгъэхэр дгъэнэхуэнщ:
- накъыгъэ – удз гъэгъа («удзыр куэду щыгъагъэ лъэхъэнэ» жыхуиIэщ);
- хакIуэ утIыпщыгъуэ – шыбз хъушэм хакIуэ щыхаутIыпщхьэ;
- вэныгъуэкIэ – вэн-сэныр щаух.
ЩывэныгъуэкIэкIэ, мы махуэхэм вакIуэихьэжыр ящIт. «ВакIуэихьэж» жыхуиIэр вэн-сэныр зэраухам теухуауэ ирагъэкIуэкIыу щыта дауэдапщэрщ. Накъыгъэм нэхъ мазэ гурыхь щыIэу пIэрэ?

Урыс-адыгэ зауэжьыр сыт хуэдизу шынагъуэу щымытами, зауэм и нэгум щIэплъэурэ адыгэлIхэр шыщхьэмыгъазэу бийм зэрыпэщIэтам къыхэхъукIа псэлъафэщ.
«ДыIуохьэри даукI» – бийр куэдкIэ зэрынэхъыбэр къеIуатэ.
«ДыкъыIокIыжри дауб» – хэкур зыхъумэж ди лIыфIхэр, шууфIхэр зауэ IэнатIэм зыгуэркIэ къыпэрыкI хъужыкъуэмэ, щхьэхуиту къэхъуа цIыхубзхэм ар куэду ягъэемыкIурт.
«Тыдогъэзэжри докIуэд» - цIыхубзым и емыкIум уимыгъэщIэн щыIэ… ягъазэрти хэкIуадэрт, жыхуиIэщ.

lэпкъ (lэ къупщхьэхэр):
1. Ιэпхъуамбэшхуэ – большой палец руки – pollex [digitus primus]
2. Ιэпхъуамбапщэ – указательный палец – index [digitus secundus]
3. Ιэпхъуамбэ курыт – средний палец на руке – digitus medius [tertius]
4. Ιэпхъуамбэ цΙэимыΙуэ – безымянный палец руки –digitus annularis [guartus]
5. Ιэпхъуамбэ цΙыкΙу/ ΙэпхъуамбэжьакΙэ – мизинец на руке – digitus minimus [guintus]
#Djrz_Пкъынэлынэ

This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
«ЩIым и пIалъэ гущэ зыщамыщIэжым, шу гупыр къыщызэрешэ»,- жи Ажджэрий и къуэ Кушыкупщ и уэрэдым. ЖыIэгъуэм къикIыр ЦIыпIынэхэ Аслъэн трахауэ щыта нэтыным щыщ пычыгъуэм егъэнахуэ.
Ди япэ ища псоми я хьэдрыхэ фIы Тхьэм ищI!
#Djrz_ЩыгъуэщIМахуэ