Djarez Club
929 subscribers
2.51K photos
181 videos
19 files
293 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
加入频道
«Пхъурылъхур къихьэм тхьэнапэр/псатхьэр магъ»

Мы псалъафэр пхъужьыр дыщым и нэнур иIыгъыу, и гъусэу къащыхыхьэжкIэ пщIэшхуэ игъуэту, и нэнум нэлейкIэ еплърэ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей зэрыхуагъазэм нэщэнэщ.

Пхъурылъхур къыдэкIуэтейрэ бэлигъыпIэ иувами, и анэшым къащыхыхьэкIэ, пщащэмэ ягъафIэ, щауэмэ ягъэгушхуэ.

АтIэ дэгъуэкъэ уи пхъурылъху бгъэфIэныр, бгъэгушхуэныр.

#Djrz_Псалъафэ
🌱Адыгэм и тэтем псэущхьэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ мыщэр. Хъищэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, мыщэр цIыхуу щытат, ауэ емыкIу зэрищIам щхьэкIэ мыщэ ящIауэ арат. Мыщэм ухуэзэныр адыгэм нэщэнэфIу къалъытэрт. ЖыпIэнурамэ, цIыхум хуагъадэт, ил яшхтэкъым. Ар къыщIигъэбыдэу щыIэщ псалъэжь: "Мыщэлрэ цIыхулрэ зэхуэдэ",- жери. ЩакIуэр мыщэ Iууамэ еуэ и хабзэтэкъым. Зыхуэзар мыщэбзмэ: "БлэкI, ди шыпхъу", мыщэхъумэ: "БлэкI, ди къуэш", - жраIэрт. А псалъэм щэнсэнуэ еплът, цIыхумрэ мыщэмрэ я благъагъэр кърагъэлъагъуэрт.

Псалъэгъэнахуэ: щэнсэныгъэ – магие.

#Djrz_Уэщl
#УэщIрэГущIэгъурэ
1. Ιэдакъэ – кости запястья – ossa carpi
2. Iэтхьэмпэ къупщхьэ, Ιэбэлагъ къупщхьэ – пястные кости – ossa metacarpi
3. Ιэпкъынэ – фаланги пальцев рук – phalanx
4. Ιэпхъуамбэ зэрытыпΙэ – межфаланговые суставы кисти - articulatio interphálangeae mánus
5. Ιэпэ – дистальная фаланга руки – phalanx distalis

#Djrz_Пкъынэлынэ
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
"...Iэпсэхэ Дианэ и псэм къиIущэщыр и Iэпэхэм къыпощэщ",- жери жиIат ХьэIупэхэ ДжэбрэIил. Ди maestro и псалъэ къыщIегъэбыдэ Дианэ «Djarez» хьэщIэщым щигъэхъам. А пщыхьэщхьэм ди хьэщIащ европей адыгэ хасэ зэгуэтхэм я тхьэмадэ Вэрокъуэхэ Затий. Instagram-м илъыр зы пычыгъуэщ, фытхъэну фыхуеймэ, ди YouTube кIэналым фыкъеблагъэ.
⤵️

https://youtu.be/YIxfWhRL2ns

#Djrz_TV
Tchemerzine Monique и гъащIэрэ и лэжьыгъэкIэ ахуэдизкIэ щызщи, кIэ имыIэу жыпIэн бгъуэтынщ. А лъэщагъэм щыщу зы теплъэгъуэ мащIэ зыщыдгъэгъуэзэнщ.
Балет Iартым нэхъ щыцIэрыIуэ дыдэ Maurice Béjart дуней псом щыпримэ-балеринэ Tchemerzine Monique музэ хуэхъури, 1961 гъэм «Гала» балет- спектакл цIэрыIуэ дыдэ  хуигъуващ, IартыщI пажэ Salvador Dalí и декорыр щIэту.

«Зэмыщхь зырихьэлIэкъым» жыхуаIэра хъунщи, а щыр куэду зэхуэфащэт.

#Djrz_Iарт
«Шъуз бзаджэм къыуимышIэн щыIэп»
 ⬇️

https://www.instagram.com/p/COA2aLXBa7y/?igshid=1j7qk1jebv9vr

#Djrz_lуэрыlуатэ
Адыгэ ныпыр мэпсалъэ, мэхасэри мэхабзэ!

СыщхъуантIэурэ, Адыгэ Хэкужьым сринэщэнэщ!
СыщхъуантIагъэмэ, гъащIэм, гъатхэм, щIалэгъуэм, бэгъуэным сыхуонэщэнэ.
Бжыгъэ гъэнэхуаурэ "ПЩЫКIУТIЫР" Iэпкълъэпкъ зэкIуж узыншэм и нэщэнэщ.
Си вагъуэ пщыкIутIырщи, АДЫГЭ ЛЪЭПКЪЫЩХЬЭР зэдэурэ зэкIужу щыIэным и нэщэнэщ.
Хабзэгъэнэхуаурэ си "ЩЫ"-рамэ уэщIым и мафIэ жылэм, жьы жылэм, псы жылэм я нэщэнэщ.
Шабзэмэ - адыгэ лIыхъущхьэм и нэщэнэфIщи,
Си шабзищыр хуитыныгъэм, захуагъэм, щыпкъагъэм я нэщэнэщ.
Дыщэурэ си дыщафэзэрылэр дыгъэм, нэхугъэм, лъэщыгъэм я пкъыдэщI-фэдэщIи.

#Djrz_АдыгэНып
«Адыгэ ныпым тет вагъуэ 12-м адыгэ лIакъуэ 12 къигъэлъагъуэу жаIэ хабзэми, аракъым. Iуэхум и захуэращи, е-19-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм щыгъуэ адыгэ лIакъуэхэр 20 нэхърэ нэхъыбэт, Урыс-Адыгэ Зауэжьым иужь къэнэжар 12 нэхърэ нэхъ мащIэт. «Зыгуэрым и Iыхьэ 12» жыхуиIэ гупсысэращ адыгэ ныпым симвэл гупсысэуэ щIалъхьар. Адыгэбзэм псалъафэ хэтщ, «и Iэпкълъэпкъ 12-р зэхуэдэщ» жери. Абы къикIыр аращи, «Iыхьэ 12-уэ зэхэтуэ, и щхьэ хурикъужрэ нэщIысауэ щыIэуэ зыгуэр»,- жиIэу аращ. 12-м симвэл купщIэщ иIыгъыр, рэциэналкъым. «7» бжыгъэм щэн-сэн (магие) зэрыхэлъым хуэдэу, «12»-ми хэлъщ, нэщIыса гуэрым и щапхъэщ»

Бгъэжьнокъуэхэ Барэсбий
тхыдэ щIэныгъэм и дохутыр

#Djrz_АдыгэНып
«ЦIыхубз пшэрыхь* хущанэ»

ЗытеIукIар цIыхубзым и Iуэхурэ и лъэIурэ япэ игъэщынырщ.
Япэм щыгъуэ шууфIхэм, лIы цIэрыIуэхэм «пшэрыхь», «пщафIэ» хужаIэу щIалэгъэсэн ягъусэу зекIуэхэрт. Зи Iуэху дэна цIыхубз урихьэлIамэ, е езы дыдэм зыкъыпхуигъэзамэ къэбгъанэу уежьэжыныр емыкIушхуэу къалъытэрт. Апхуэдэхэм деж, Iуэхур дэхыгъуей дыдэу щымытмэ «лIыфIым» и пшэрыхьыр Iуэхудэхыу цIыхубзым къыхущинэрт.

*Пшэрыхь/ пщафIэ – шхын зыпщэфI жиIэу аркъым псалъэм къикIыр, атIэ пасэрейм щыгъуэ, щIалэщIэхэм хабзэм, лIыгъэм, хыхьэ-хэкIым фIыуэ зыхуагъэсэн, зыщагъэгъуэзэн папщIэ шууфIхэм, лIы цIэрыIуэхэм лъэIукIэ зыхуагъазэрти, хъункIэ зэувалIэмэ пшэрыхь/пщафIэ (page) хъухэрт.

#Djrz_Псалъафэ
Карл Кох адыгэ цIыхубзым яхужиIар.
 
«Хъыджэбзхэр я дэлъхухэм я гъусэу ягъасэ, ахэм хуэдэу шууфIщ, шабзэкIэ Iэзэу мауэ. Адыгейм (Черкесием) къыщызыкIухьа Мариньии, Бели  ятхыж, хъыджэбзхэр куэдрэ къакIэлъыкIуэу зэрыщытар. Индарыкъуэ пщы лъэпкъым щыщ пщащэхэм я хьэщIэхэм нэхъри зрагъэIэжьэн щхьэкIэ яхуэщIэ къагъанэтэкъым. Бел имыцIыху хъыджэбз куэдрэ къыхуэкIуэт IэфIыкIэ, пхъэщхьэмыщхьэ тыгъэу иIыгъыу. Пщащэр и адэ, и дэлъху и жыIэ тетми, псэлъыхъум нэсамэ, Iуэхур куэдрэ езым зэрифIэфIым хуэдэу къригъэкIуэкIт».

Къызыхэтхар: Карл Кох. «Урысеймрэ Кавказ щIыналъэхэмрэ сызэрыщызекIуар».

#Djrz_Цlыхубз
Хабзэт нэгъабэрей (гъэ кIуам) джэгушхуэм гуащэу хаха пщащэ цIэрыIуэр мыгъэрейм, джэгур щекIукI пщIантIэм джэгуакIуэхэр къыпежьэрэ я щIыбкIэ икIуэтыжу, гуащэ уэрэдкIэ ягъафIэурэ дэшэныр.

А хабзэ дыдэмкIэ пежьэурэ къыдашэрт пщыхэм, уэркъышхуэхэм япхъухэр, фIэрафIагъэрэ IумахуагъэкIэ, Iэщабэ–IущэбагъэкIэ, IэпэIэсагъэрэ гъэсэныгъэкIэ цIэрыIуэу, пэрыту щытмэ. Армыхъумэ, сыт хуэдэ пщы-уэркъышхуэм уримыпхъуу щымытами, апхуэдиз пщIэ уагъэлъэгъунтэкъым…

#Djrz_Хабзэ
ИпэкIэ зэрыжытIащи, адыгэм мыщэм пщIэ лей хуищIуэ къекIуэкIащ. Мыщэр хъий икlыу цIыхум тебэнэну хуекIуэрэ, нэгъуэщI хэкIыпIэ щымыIэжу иукIын хуей хъуамэ, зи щхьэ зыхъумэжу цIыху зыIэщIэукIам хуагъадэт. Мыщэ щIылъэ хыфIадзэтэкъым, атIэ хабзэм тету щIалъхьэжт. А хабзэхэм тетхыхьауэ щытащ Iетногрэф Iэзэмэтхэ Минкъутас. Мыщэм и пкъым и кIыхьагъыр бжэгъукIэ къапщти, абы хуэфэщэн кумб къатIт. Абы иужькIэ, мыщафэр трахт, щхьэ-лъакъуэр паупщIт, дзэпкъымрэ, блэгъу ижьымрэ къыхахт. Къэнэжа мыщэ щIылъэр и кIыхьыпIэмкIэ кумбым ирахьэхт, чырэ тхьэрыкъуэфкIэ щIауфэти, хурикъун хуэдиз щIыгулъ тракIутэжт, дыгъужьыр Iуигъэщтынуи мэлыц гъэлыгъуа тракIутэжт. ЦIыху щIалъхьауэ кхъэм къыдэкIыжыр зэрызэмыплъэкIыжым хуэдэу, мыщэ щIэзылъхьари къызэплъэкIыж хабзэтэкъым.

#Djrz_Уэщl
МэкъумэшыщIэр, Iэхъуэшыхъуэр гъэм йохъуэхъу.
 
Нобэ гъатхэщ, гъалъхуэщ!
Сохъуахъуэ, сотхьэлъэIу:
Ди тхьэу, Тхьэшхуэ!
Дыгъэпсым, уэсэпсым,
Псы уэрым дыщомыгъащIэ.
Мэшрэ гъэшкIэ, хьэсэрэ гъасэкIэ къытхуэупсэ.
 
УэщI къэщIу псэхэр къызыхэхъукI.
Псэущхьэхэу:
ХьэкIэри кхъуэкIэри,
Къуалэри бзури,
Хьэпщри хупщри,
Псыхэсри псыхупщри,
Гъуди бадзи,
ЦIыври цIутIри,
ХьэпIацIэри хъумпIэцIэджри,
Къакъэри кIэцIри,
ЦIыху цIыкIури
Псырэ шхынкIэ иригъэкъу.
 
Ди хъушэхэу:
Iэщыр, Iэбгъэр,
IэщIэ – выщIэр, щIэжьейхэр,
ХакIуапщIэ жэрыбэр гъэбагъуэ.
БжьэкъэпщIыр гъэбати,
Фо хьэкIуэкIэ къыдэтэ.
 
Адырейуэ:
Ди щIыр гъэтIэпI,
Ди щIанэр гъэкIыр.
Гъагъэ, гъавэ,
Гъуэмылэ, мэкъумылэ,
Жылэ, шхылэ
куэду къэдгъэлэжь.
 
БатIхэ МатIэ и къуэ Хьэбас (Къылышбий хьэблэ  12.03.1928гъ. къыщалъхуащ) 1996 гъэм, гъатхэ мазэу хъуахъуэу зэхэсхри, нобэр къыздэсым гукIэ къесхьэкIащ. И хьэдэрыхэ дахэ ухъу!

Думэныщхэ Iэулэдин

#Djarez
#Джэрэз