Djarez Club
930 subscribers
2.51K photos
181 videos
19 files
293 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
加入频道
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Удж • Хэгъэгу джэгушхо
Къетыкъуэ тӏуащӏэ зауэр лIыгъэ тIуащIэт…

1779 гъэм жэпуэгъуэм и 10-м нобэрей Лафыщхьэблэ (Псыхъурей) и Iэхэлъахэхэм деж Мазибл зауэр щиухауэ щытащ. Мэлыжьыхьуэ ирагъажьэу жэпуэгъуэ хъуху зэуа адыгэр щIэзэуар и щIыгущ, и напэщ, и лъэпкъщ. Зызыгъэпсэхуну тIыса къэбэрдей шуудзэм пщэдджыжьыпэу и шыбэр пахущ, урысым топкIэ къагъэувыхьри, гъэру зыкъэфт жари хуаIуэхуащ. АрщхьэкIэ затакъым! Топым къелар, мыжурэпэмрэ шылъабжьэмрэ ихьыжащ.

1779 гъэт, жэпуэгъуэм ипщӏт.
Нэхулъэр щызэкӏэщӏитхъым, ди къэкӏуэнри зэкӏэщӏэтхъа хъуат. Балъкъ псыхъуэ и ӏэплӏэм хьэдэ изт… Псыхъуэ гуащи щӏалэ щхьэмахуэхэр игъеижт…Шыщхьэмыгъазэхэр адыгэ и бынт, напэхужьт… уанэгу итIысхьэмэ, лIыгъэм хуэшэст, хэкуми хабзэми я гъуазэт, хабзэрэ зауэкIэ гъэпсат(псыхьат).
ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщ. Псэемыблэжу ди хэкур зыхъумахэм я хьэдырыхэ фIы ухъу, дэри, зэрыжылэу, Тхьэм тщимыгъэгъупщэ!
Forwarded from Bgiris gurbian
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
"Шэхэх уэрэд"

Шыкӏэпшынэр зыгъэпсалъэр ХьэхъупащIэхэ ӏэстемырщ.

Ежьур Хьэщэхэ Мухьэмэдщ.

Щӏыпӏэр: Къэбэрдей жэщтеуэр къыщыхъуа Къетыкъуэ тӏуащӏэ и деж, Балъкъ ӏуфэ.
Forwarded from Zhamancool
#imagine
Photo credit Djarez Club.
Къэзанокъуэ Жэбагъы хабзэмрэ псалъэкIэмрэ (philosophy of law) хуегъэзэкIауэ къытхуигъэна жыIэгъуэхэм щыщ:

«Зы нэрыбгэрэ пэт и гупщысэр зэлъэщIыса хъуа иужь жылагъуэм Хабзэу къызэдащтэри, зэрахьэ».

1993 гъэм, Тыркум, Гъэзей къалэм (Пынарбэшы) сыщыхьэщIэу Шыгъэлыгъуэ Хьэжы Хьэйдаррэ Думэныщ Хьисэрэ я уэршэрым хэту зэхэсхахэм щыщщ. Езыхэм къызэрызжаIамкIэ, зэныбжьт, зэгъэшкIэт - илъэс 94-м итт.

Думэныщ I.
Forwarded from Bgiris gurbian
Шапсугские саженцы были сегодня выкопаны для дальнейшей пересадки в различных населенных пунктах КБР. Надеюсь, все приживутся и мы сможем через пару лет размножить их по всей Республике.

Благодарю всех причастных.
Отдельно хочу выразить свою признательность моему старшему товарищу, плодоводу, кандидату сельскохозяйственных наук Хасанби Бишенову за систематическую помощь в течение всего периода реализации этого небольшого проекта.
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Гъатхэм шапсыгъ мыщхьэ лӏэужьыгъуэу жыг тӏощӏырыпщӏ хуэдиз хэтщӏауэ щытат. Иджыкӏэ пкъы яӏэу, псэ яхэту жыг 16 къэнати, нобэ къыхэттӏыкӏыжри зыгъэкӏыну гукъыдэж зиӏэ ди цӏыхугъэхэм тедугуэшащ. Тхьэм игъэбагъуэ, хэкӏафӏэ ухъу. Ещанэгъэ, еплӏанэгъэ жыгхэм фӏыуэ заужьмэ, гъэчхэр пыбуупщӏыурэ иджыри дэбгъакӏэ хъунущ. Дыпсэурэ дыузыншэмэ ди гугъэри аращ.

Мы ӏуэхум зи гуащӏэрэ зи щӏэныгъэрэ хэзылъхьа дэтхэнэри гугъуехьыншэ фыхъу. Дядэжьхэм къытхуагъэна кӏулътӏурэр езыгъэфӏэкӏуэн, хэзыгъэхъуэн щӏэблэу Тхьэм дыкъыщӏигъэкӏ.

Пшыналъэр: КIытӏэхэ Тимур

Нэтыныр тезыхар: Бэджыдэхэ Елдар
Forwarded from CHAPSH
Дыгъэгьазэм дызэхуэзэнущ, зывгъэхьэзыр.
_____________________

Встретимся в день зимнего солнцестояния!
Подробности перформанса - скоро.