Djarez Club
929 subscribers
2.51K photos
181 videos
19 files
293 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
加入频道
Мы махуэхэм дохутыр ӏэзэ Семэн Жанэ ди хьэщӏащ. Жанэ "Дохутыр Хасэм" и гуащэщ, куэд щӏауэ цӏыхухэм фӏыкӏэ къащӏэу, куэдым щхьэпэн яхуэхъуу апхуэдэщ. Ди зэхуэзэм куэд къыщытпсэлъащ. Уеблэмэ, дызэгъусэуи ӏуэху гуэрхэр зэдэдлэжьынуи дызэувэлӏащ.

Хасэкӏи, унагъуэкӏи, лэжьыгъэкӏи уи ӏуэхухэр ефӏакӏуэ зэпыту ущыӏэнуэ дынохъуэхъу, Жанэ. Уи къакӏуэр махуэ тхухъу.

#Djarez_ХьэщIэщым
Forwarded from ДЖЭГУ
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Фӏэхъус апщий!

Дыгъуэпшыхь, шыщхьэӏум и 25-м, Адзгъэм адыгэ-абазэр Лыхъныштэ-кӏэ зэджэ джэгупӏэжьым зы джэгукӏэ щызэхишащ.

Жьыр щыдгъафӏэу,
Щӏэр щыдгъасэу,
Шы ӏэсэ къыщыжэу,
Жыгыжь щыгъагъэу,
Уэр игъуэу тегъуагъуэу,
Удзыщӏэр щыбагъуэрэ
Бынищэм тыраубэу.
Зы бзэкӏэ, зы хабзэкӏэ, зы къафэбзэ-пхынэбзэкӏэ адыгэ-абазэр дызэрыщӏэрэ дызэдэхъуу,
Мыхъур щыдгъэмащӏэу,
Хъур щыдгъэбагъуэу
Куэдрэ щыДЖЭГУн Тхьэм дищӏ!
Гупмахуэбжьэр зэрызыIэпах хабзэр.
ФадэпIастэ Iэнэм пэрыхьам «гуп махуэ апщий» жеIэри, пэрысхэм къызытехуэкIэ «упсэу апщий», «къеблагъэ» къыжыреIэжри гупмахуэбжьэр хуеший. Зыхуашияр бжьэм мащIэу хофри, «фи бжьэгъуэр кIыхь ухъу» - жиIэурэ хуешииж. Зыритыжами къыпещэри, «уи лIэужьыр бэ ухъу, лIырэ бжьэрэ зэблэкIырыкъым» - жеIэри, зэрыхуэфащэкIэ Iэнэм пэрагъэтIысхьэр.

#Djrz_Iэнэ
Щыгъуэщӏ тхылъ

Куэду дигу щӏыхьащ Тыркум щыщ ди ныбжьэгъуфӏ, гупсысакӏуэ Еутых Турхьэн и анэ Еутых (Ӏутӏыж) Садие зэрыщымыӏэжыр. Лӏам и хьэдрыхэр нэху Тхьэм ищӏ, и псэкӏуэдхэр къыхуигъэгъу. Лӏэныгъэр зейхэм ӏэтыгъуафӏэ Тхьэм фщищӏ, ар фщызыгъэгъупщэн гуауи фимыгъэлъагъу.

«Djarez» гупыр
1. ЩIэтхъухэр - плавники - pinna:

2. ДамэщIэтхъу - грудные плавники - pinna pectoralis
3. ЩIагъщIэтхъу - брюшные плавники - pinna ventralis
4. КIэщIэтхъу - анальные плавники - pinna analis
5. КIэмажьэ - хвостовой плавник - pinna caudalis
6. Сыдж - спинной плавник - pinna dorsalis

#Djrz_Псэущхьэ
1. Пэ - ноздри - naris
2. Нэ - глаза - oculus
3. ХъапIэ/ ПIуэн - чешуя - squamae
4. Жьалэтет - жаберная крышка - operculum
5. Курыжэ - боковая линия - ligne laterale

#Djrz_Псэущхьэ
Forwarded from CHAPSH
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Кlапщ. Мафlэ. Шыкlэпшынэ.
Forwarded from nur_kbr_
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
– Адыгэбзэр фхъумэжыну фыхуей? АтIэ ар фи быным яIурыфлъхьэ.🥰
– Дапхуэдэу?🤔🧐
– НэIурыту! Фи блыным кIэрылъу. 👩🏻‍🏫 Адыгэ алфавитымрэ абы и щэхухэмрэ лъэныкъуитIымкIи сурэтышхуэу тету.😍
– Дэнэ къитхыну?🤷🏻‍♀️🕵🏻‍♀️
– Тхылъ щапIи зы тыкуэни щывгъуэтынукъым.🌷 Iэ тевдзэнуращ фи унэ фыщIэсу.🌸
– Сытым?🤓
– Къэралым пудыкIейуэ сабийхэм къахудигъэкI «Нур» журналым и 10-нэ къыдэкIыгъуэм. 🤩 Ар плакату зэкIуэцIыкIынущ.🤗
– И уасэр?💰
– Сом 2⃣5⃣-рэ. Ауэ фепIэщIэкI, зыхэвмыгъэкIыж. Махуитху къэнэжауэ аращ.😱

ФызыщIэупщIэну псоми я жэуап къыщыфIэрыхьэнущ мыбдеж.👇🏻
Тел.📲 89034255395 📞
Forwarded from CHAPSH
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Кlапщ. Лъанцуакlу. Ажэгъафэ.
ПсалъэфIкIэ зекIуэн, гъуэгуфI тетын, зи лIэужьыр бэгъуэн адыгэ жылэ!

Нобэ Тхьэшхуэгухьэжщ - гъэрэ щIырэ щызэхыхьэжщ. Нобэ бэвыгъуэ махуэщ - гъавэхэплъэгъуэщ, тхьэгъуэлIыгъуэшхуэщ. АдакъэщIэ-хущIэ-пIастэ Iэнэ къэщтэгъуэщ, нэхъыжьхэр гъавэм щехъуэхъущ, щызэхъуэхъужщ, гуэнаплъэурэ я дзыхь щызэрагъэзщ.

Уий адыгэжьуэ щIыгугъэIэсэ, Iэсэлъасэу уэщIым дэIурыщIэ!

Нобэ хэгъэгу джэгушхуэщ, ныбжькIэрэ ди тхьэлъэIу махуэщ. Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщIэу Тхьэм дыщигъыIэ. Хьэрэмэ Iуащхьэр зэхудипIалъэщ. Тхьэшхуэ уджыр къыдоджэ, къыдожьэ! - Дыхэвгъэуджэ, девгъэуджэкI.
Forwarded from CHAPSH
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Созэрэщ. Кlапщ. Тхьэшхуэгухьэж.
_____________________
Уий адыгэжьуэ щIыгугъэIэсэ, Iэсэлъасэу уэщIым дэIурыщIэ!

Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщIэу Тхьэм дыщигъыIэ.
Нобэ фащэгъэфIэжщ

Уафэр щымыджэмыпцIэу щIылъэр зэрызэпцI лъандэрэ, гъащIэм щыщщ щыгъыныр, зыхуэпэныр Iэщэ-фащэр, фэилъхьэгъуэхэр. А лъэхъэнэ жыжьэ-пасэрейр нобэрейм къэсыху, ди адыгэм щитIэгъэну щыгъыныпхъэр къызэхих-къызэхищIыкIщ псэущхьэхэм я фэ, яц хуэдэхэр, къэкIыгъэхэр (шыпсыранэр, щIэпыр, джыныгур, н.къ). Ауэрэ, ныбжьыр жьым хэту здэкIуэм, щыгъыныгъуэхэр, фащэхэр я щIыкIэкIэ, теплъэкIэ, къызэхащIыкIкIэ, къыхэщIыкIыкIэкIэ зиужьурэ хохъуэ.

«Зыхуэбгъэфащэр уи фащэу» жиIащ адыгэм, икIи адыгэ фащэр, дауикI, хабзэм къыдэхъуащ. НтIэ, ди цIыхубз фIэрафIэхэм я Iэпэ-IэсагъэкIэ, IэпщIэлъапщIагъкIэ, набзэгубзаплъагъкIэ шу блэкIым бзыпхъэ трахрэ, данэмрэ дыщэмрэ зэхащэу, зэхаджэу, я дыщэидэр щхъэращхъэу, ди фащэр факIуэрэ, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми екIуу, ещхьу дыкъахуапэ. ХэткIи щапхъэр фIымрэ дахэмрэщ. Аращ къызыхэкIар адыгэм нэсэпасэу зэригъэпэща фащэ дахэр щапхъэ хъууэ хамэри, хэхэсри къыдэплъу, къыддэплъейуэ щIыщатIэгъар, фащэ щIахуэхъуар. А псор зи фIыщIэ ди адыгэ цIыхубзхэ, хабзэу щыIэр тхуэзыгъафIэ, фIыуэ щыIэм я къуэкIыпIэ, фызэщыхуэпыкIауэ, фызыхуэныкъуэ щымыIэу, фызэхъуапсэ къывэхъулIэу сыт щыгъуи ди жьантIэм Тхьэм фыдигъэс!