Тхьэблэгъуджэ – япэм щыгъуэ: щытыкIэкIэ, теплъэкIэ, кIуэкIэ-щIэкIэкIэ къахэщхьэхукI цIыху щIалэм хужаIэ; етIуанэм щыгъуэ: хабзэмыщӏэ щытхъухь, гулъытэ къэлъыхъуэнкIэ зызымыгъэнщI, пщIэрэ щхьэрэ зиIэхэм закIэрызыщIэ, зызымыщIэж, щIыкIей, пцIыIуэпцIышэ, жыIэзыфIэщ*, кIуэцIырыкъуэ, бзэгузехьэ, гурымыкъ, губжьыгъуафIэ, гужьгъэжьыщI, гущIэгъуншэ, зыщымыгугъыж, гужьеигъуафIэ, щхьэзыфIэфI, фыгъуэнэд, хабзэр убзэ зыфIэщI цIыхум хужаIэ - hystericus psychopathia.
*ЖыIэзыфIэщ - пцIыупсырейрэ зи пцIыр зи фIэщ хъуж цIыху.
#Djrz_Псалъэгъэнахуэ

Псантхуэ лъапсэ - нервная система - systema nervosum:
1. ЩхьэкуцI - головной мозг - encephalon
2. ТхыкуцI - спинной мозг - medulla spinalis
#Djrz_Псэущхьэ

Мы махуэхэм дохутыр ӏэзэ Семэн Жанэ ди хьэщӏащ. Жанэ "Дохутыр Хасэм" и гуащэщ, куэд щӏауэ цӏыхухэм фӏыкӏэ къащӏэу, куэдым щхьэпэн яхуэхъуу апхуэдэщ. Ди зэхуэзэм куэд къыщытпсэлъащ. Уеблэмэ, дызэгъусэуи ӏуэху гуэрхэр зэдэдлэжьынуи дызэувэлӏащ.
Хасэкӏи, унагъуэкӏи, лэжьыгъэкӏи уи ӏуэхухэр ефӏакӏуэ зэпыту ущыӏэнуэ дынохъуэхъу, Жанэ. Уи къакӏуэр махуэ тхухъу.
#Djarez_ХьэщIэщым

Forwarded from ДЖЭГУ
Media is too big
VIEW IN TELEGRAM
Фӏэхъус апщий!
Дыгъуэпшыхь, шыщхьэӏум и 25-м, Адзгъэм адыгэ-абазэр Лыхъныштэ-кӏэ зэджэ джэгупӏэжьым зы джэгукӏэ щызэхишащ.
Жьыр щыдгъафӏэу,
Щӏэр щыдгъасэу,
Шы ӏэсэ къыщыжэу,
Жыгыжь щыгъагъэу,
Уэр игъуэу тегъуагъуэу,
Удзыщӏэр щыбагъуэрэ
Бынищэм тыраубэу.
Зы бзэкӏэ, зы хабзэкӏэ, зы къафэбзэ-пхынэбзэкӏэ адыгэ-абазэр дызэрыщӏэрэ дызэдэхъуу,
Мыхъур щыдгъэмащӏэу,
Хъур щыдгъэбагъуэу
Куэдрэ щыДЖЭГУн Тхьэм дищӏ!

Гупмахуэбжьэр зэрызыIэпах хабзэр.
ФадэпIастэ Iэнэм пэрыхьам «гуп махуэ апщий» жеIэри, пэрысхэм къызытехуэкIэ «упсэу апщий», «къеблагъэ» къыжыреIэжри гупмахуэбжьэр хуеший. Зыхуашияр бжьэм мащIэу хофри, «фи бжьэгъуэр кIыхь ухъу» - жиIэурэ хуешииж. Зыритыжами къыпещэри, «уи лIэужьыр бэ ухъу, лIырэ бжьэрэ зэблэкIырыкъым» - жеIэри, зэрыхуэфащэкIэ Iэнэм пэрагъэтIысхьэр.
#Djrz_Iэнэ

1. ЩIэтхъухэр - плавники - pinna:
2. ДамэщIэтхъу - грудные плавники - pinna pectoralis
3. ЩIагъщIэтхъу - брюшные плавники - pinna ventralis
4. КIэщIэтхъу - анальные плавники - pinna analis
5. КIэмажьэ - хвостовой плавник - pinna caudalis
6. Сыдж - спинной плавник - pinna dorsalis

1. Пэ - ноздри - naris
2. Нэ - глаза - oculus
3. ХъапIэ/ ПIуэн - чешуя - squamae
4. Жьалэтет - жаберная крышка - operculum
5. Курыжэ - боковая линия - ligne laterale

Forwarded from nur_kbr_
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
– Адыгэбзэр фхъумэжыну фыхуей? АтIэ ар фи быным яIурыфлъхьэ.🥰
– Дапхуэдэу?🤔🧐
– НэIурыту! Фи блыным кIэрылъу. 👩🏻🏫 Адыгэ алфавитымрэ абы и щэхухэмрэ лъэныкъуитIымкIи сурэтышхуэу тету.😍
– Дэнэ къитхыну?🤷🏻♀️🕵🏻♀️
– Тхылъ щапIи зы тыкуэни щывгъуэтынукъым.🌷 Iэ тевдзэнуращ фи унэ фыщIэсу.🌸
– Сытым?🤓
– Къэралым пудыкIейуэ сабийхэм къахудигъэкI «Нур» журналым и 10-нэ къыдэкIыгъуэм. 🤩 Ар плакату зэкIуэцIыкIынущ.🤗
– И уасэр?💰
– Сом 2⃣5⃣-рэ. Ауэ фепIэщIэкI, зыхэвмыгъэкIыж. Махуитху къэнэжауэ аращ.😱
ФызыщIэупщIэну псоми я жэуап къыщыфIэрыхьэнущ мыбдеж.👇🏻
Тел.📲 89034255395 📞☎

Forwarded from CHAPSH
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Кlапщ. Лъанцуакlу. Ажэгъафэ.
ПсалъэфIкIэ зекIуэн, гъуэгуфI тетын, зи лIэужьыр бэгъуэн адыгэ жылэ!
Нобэ Тхьэшхуэгухьэжщ - гъэрэ щIырэ щызэхыхьэжщ. Нобэ бэвыгъуэ махуэщ - гъавэхэплъэгъуэщ, тхьэгъуэлIыгъуэшхуэщ. АдакъэщIэ-хущIэ-пIастэ Iэнэ къэщтэгъуэщ, нэхъыжьхэр гъавэм щехъуэхъущ, щызэхъуэхъужщ, гуэнаплъэурэ я дзыхь щызэрагъэзщ.
Уий адыгэжьуэ щIыгугъэIэсэ, Iэсэлъасэу уэщIым дэIурыщIэ!
Нобэ хэгъэгу джэгушхуэщ, ныбжькIэрэ ди тхьэлъэIу махуэщ. Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщIэу Тхьэм дыщигъыIэ. Хьэрэмэ Iуащхьэр зэхудипIалъэщ. Тхьэшхуэ уджыр къыдоджэ, къыдожьэ! - Дыхэвгъэуджэ, девгъэуджэкI.
Нобэ Тхьэшхуэгухьэжщ - гъэрэ щIырэ щызэхыхьэжщ. Нобэ бэвыгъуэ махуэщ - гъавэхэплъэгъуэщ, тхьэгъуэлIыгъуэшхуэщ. АдакъэщIэ-хущIэ-пIастэ Iэнэ къэщтэгъуэщ, нэхъыжьхэр гъавэм щехъуэхъущ, щызэхъуэхъужщ, гуэнаплъэурэ я дзыхь щызэрагъэзщ.
Уий адыгэжьуэ щIыгугъэIэсэ, Iэсэлъасэу уэщIым дэIурыщIэ!
Нобэ хэгъэгу джэгушхуэщ, ныбжькIэрэ ди тхьэлъэIу махуэщ. Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщIэу Тхьэм дыщигъыIэ. Хьэрэмэ Iуащхьэр зэхудипIалъэщ. Тхьэшхуэ уджыр къыдоджэ, къыдожьэ! - Дыхэвгъэуджэ, девгъэуджэкI.
Forwarded from CHAPSH
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Созэрэщ. Кlапщ. Тхьэшхуэгухьэж.
_____________________
Уий адыгэжьуэ щIыгугъэIэсэ, Iэсэлъасэу уэщIым дэIурыщIэ!
Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщIэу Тхьэм дыщигъыIэ.