Djarez Club
929 subscribers
2.51K photos
181 videos
19 files
293 links
Djarez - ублэщIакIуэ гуп
-
Circassian language club
-
Адыгэбзэр мэхасэ
加入频道
ЯтIэзехьэ щIыхьэху Iэнэ

Унэ блыныр/дэпкъыр, пкIащхьэр/пкIафэр ятIэ зэхэщIакIэ, ятIэ къыпцIэкIэ, ятIэ гъэшыпсакIэ (solutio) яйрт, къытыраерт, щIаерт, жыпIэнурами, зэрыунэу зэщIаерт. ЯтIэр зэхэзылъхьэу шыкIэ зыутэр цIыхухъухэр арт, ауэ ар зыгъэкъыпцIэр, зыгъэшыпсыр, Iэгу ятIэкIэ унэр зезыхьэ цIыхубзхэрт. АтIэ мис а цIыхубзхэм пкIафэ къытееныр иужь къырагъанэрти, щIыхьэхухабзэ щхьэхуэкIэ къырагъэкIуэкIырт: пкIащхьэр къытыраену дырагъэкIуеир нэхъ ныбжь зиIэ фызхэрт, ныбжьыщIэхэм ятIэр худырахьеирт. Лэжьыгъэр щаухым нэхъыжьыIуэр къытенэрти, “унэр дэгу мыхъун папщIэ” пкIафэ хъуэхъу-гушыIэр гоуурэ иублэрт:

О-о-у, унэ махуэ хъун!
~~~
О-о-у, выжь укIыпIэ хъун!
ИкIым къырихьэу,
Къихьэм къыринэу,
Унагъуэшхуэ хъуну,
Тхъэжу щIэсыну
ТызоIуэ, изоIуалIэ!
Дахэ зыщIэнрэ жызыIэнрэ щыIэм фыкъыдэкIуей!

Мыдрейхэми: “Умыгоу, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуэн, къэдгъэсащ” - жаIэрти, къытенам къехыжыпщIэу IэфI-IуфI шхыныгъуэхэр кхъузанэм, шыбзэм илъыу къыхуахьырт (“шхын псор кхъузанэм йокI” жыхуаIэу), къинэмыщIауэ фIыхьэхутынуи (gift) джэнапхъэ, напэIэлъэщI хуэдэхэмкIэ егуапэрт.

#Djrz_Iэнэ
«Нарт ерэщыкъо зэриушэтыгъэхэр»

Уахэмыхьэу лIэр пшIэрэп aIo. ГущыIэнымджэ маисэу, лIыгъэ зехьаным фэсэмэгоу щыIэр макIэп.

Нарт Ещэрыкъо «СылI» зыIорэмэ ащыщыгъ, лIы фэмыфыгъэп, пIоныl хъуми.

Пшъашъэ горэ лIы ратынэу, мэфибл джэгу фашIыгъэу, ар аухмэ пшъашъэр ащэнэу, шъузыщэхэри хьазырэу щытыгъ.

Арэущтэу хьазэрэу шъузыщэхэр щытхэзэ, нарт Ещэрыкъо джэгум ахэтыти:

«Сеплъын мыщ ялIыгъэ къыхьырэм!» — ыIуи пшъашъэр ыпхъуати, ишыплIэ ригъэкIуи рилъэсэжьагъ!

— О мардж, емыгъэхь! — aIуи, «хьайт-сайт» аIозэ лъежьагъэх. Ау, ежьхэмэ яшыхэр Iэгум къыдамыгъэкIышъузэ, адырэр — «тэ щыI?» — нэплъэгъум икIодыкIыжьы фежьагъ.

КъызэплъэкIи: «Мыщ саIэкIэкIыжъыпи хъунэп», — ыIуи, ишы къыжэдаIи, шыухэр нахь зыкIигъэхьагъэх. Джы кIэмыхьапэхэмэ джы кIэхьэпэнхэба зыфэпIоным хэтхэу зэлъэкIох. Аузэ, купэу ыуж итымэ ащыщ горэми кIэхьанэу, пшъашъэр къыIэкIихыжьынэу унэшъо теубытагъэ зэримыIэр нарт Ещэрыкъо къызешIэм, ишы елъэдэкъэожьи, жьым хэфыти зыригъахьыжьыгъ.

Арэущтэу зэхъум, зыдачъэрэри амышIэу делэ фачъэу чъэ зэпытыныеха? — зырыз, тIурытIузэ шыумэ къагъэзэжьыгъ. Пшъашъэр къэзыщэнэу щыт кIалэм къыгъэзагъэп. КIозэ чэщ хъуи, мэз гъэхъунэ горэм чэщыпэ чъые щырихыгъ.

Нэф зэшъым, тэджи чылэ горэм дэхьагъ. Зыдахьэм, а лIэу зыкIэмыхьагъэм иш шыпсыхэгъахьэ къащагъэу ышIэжьыгъ. А шэр зиIэгу дащэжьыгъэ унагъор бысым
ышIи, лъэгъунэу иIэр щиIотагъ.

Бысымэу ышIыгъэр нарт Ещэрыкъоу къычIэкIи:

— Дэгъу, укъылъыкIуагьэшъ, пшъашъэр остыжьын, — ыIуи пшъашъэри адырэ унэм къыфычIищыжьыгъ.

КъадэкIуати къ ытIупщыжьыгъэх.

Нарт Ещэрыкъо ар ышIэгъагъэу къаIотэжьы.

#Djrz_IуэрыIуатэ
«ШУПАШЫКЪУЭМ И ЩIЭИН»

Си анэшхуэр зэрылъху-зэрыфIу зэхэс ди унагъуэм и гуфIэгъуэщ, нобэ илъэс щэныкъуэм сынэсащи, «Москофу натIэ зэрыхъэуэ си сырыху цIыкIу» жиIэурэщ къызэрызэджэр.

Къысхуэгубжьауэ щытми, къызэдэхэщIэну щытми, лъынтхуэшхуэхэр зырикIуэ и Iэ бэлагъ псыгъуэ цIыкIухэмкIэ си щхьэц сырыхухэр къихичыным хуэду къекъурэ си тхыцIэм къытелъэщIыхьынщ, тIэкIу тыркубзэ ныкъуэкIэ, ауэ и нэхъыбэм адыгэбзэкIэ «си Шупашыкъуэ, си хьэтакъыр, си благъуэ цIыкIу, дуней нэхум укъытезынэ» жиIэурэ къыхэкIиикIыу, модэ джэдум зэрытелъыщIыхьым ещхьыуэ къыстелъэщIыхьынщ, нобэ нэгъунэ апхуэдэщ.

Здэщысым щысу ди унагъуэр зэрехьэ, «мор фщIэ, мыр фщIэ» жиIэурэ псоми и Iуэху хилъхьэуэ щытщ. Хадэми, бом щIэт жэмхэми, джэдэщым щыгъуалъхьэ джэдхэми – зыкъэмынэми я Iуэху зэрехуэ, утыкур зейр сэращ, жыхуиIэу.

Унагъуэм исхэри, абы ищI унафэм есащи, абы жиIэм емыдаIуэуэ ягу загъэкъым, ауэ едаIуэхэми щхьэж зыфIэфIщ ищIэр…⬇️

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_4852

#Djrz_Гъуазэрытхэ
Щхьагъэ: жэпуэгъуэ, бжьыжьэкумазэ
КIахэ: чъэпыуогъу

Щыпкъэр: кIахэ къэIукIэри щхьагъэ къэIукIэхэри – зыщ, адыгэбзэщ. Уи бзэр гъэмрэ щIымрэ къриубыдэу къэхъу-къащIэм хуэщIамэ аракъэ?!

Нэхъыбэ фщIэмэ, фыкъатхэ.

УзэрыщIэмэ, узэдощIэ, узэдэщIэмэ, зы уохъу!

#Djrz_ЗыБзэ
«Хъымыщыкъо Пэтэрэзы ихъишъ»

Хъымыщэ зы нарт горэм ыукIыгъагъ. Пэтэрэз къэхъугъ, ятэ щымыIэжьэу. КIэлэшко хъугъэ. КIэлэджэгумэ ахэтгозэгъо, зы кIалэрэ Пэтэрэзрэ зэзэуагъэх.
Ыгъэгъыгъ зэуагъэр. КIэлэцIыкIур зэIунэжьи:

– Арэу улIэбланэмэ, уятэ зыукIыгъэр къэгъотыжь, – къыриIуагъ. Пэтэрэз унэм къыкIожьыгъ, янэ моущтэу риIуагъ:

– Зыгорэ сшкы сшIоигъу, тян.

– Шъыда, сикIал, пшкы пшIоигъор?

Адыгэмэ коц мамрыс зыфаIорэм фэдэ ышкымэ шIоигъоу ыIуагъ. Мамрысыри янэ фишIи Iанэм къыфтыригъэуцуиешъ къыриIуагъ:

– Шкэ, сикIал.

– Тян, тызэдэгъашк, – риIуагъ кIалэм.

Янэ зыдигъэIыстыгъэу шкэзэгъо къетхъуишъ, ыIэ мамрысэ стырым хифахьыгъ.

– Тхьэ къысауи, шъы пае сыбгъэстыра? – къыриIуагъ янэ.

– Сятэ зыукIыгъэр къысаIу, армырмэ узгъэстыщт.

Ятэ зыукIыгъэр къыриIуагъ янэ.

– Ащыгъум ар сымыукIыжьэу дунаем сытетыщтэп, – ыIуи кIалэр уцугъэ.

Пэтэрэз шым теIыстишъ, ежъагъ ятэ зыукIыгъэр къыгъотынэу. КIозэгъо зы нарт шыушко горэм IукIагъ.

– Гъогумафэ уежьапшэ, тхьэматэ маф, – риIуагъ.

– Тхьауегъэпсэу, сикIал, – къыриIожьыгъ.
ЗэдэгущыIэу гъогум рыкIозэ еупчIыгъ.

– Тэдэ укъикIыжьырэ, тят?

– ГъукIэм дэжь сыкъекIыжьы, – ыIуагъ лIыжъым. – Хъымыщэр зысэукIым чатэм ыцэ къупшъхьэм Iуиутыгъэти, къезгъэгъэцэкIэжъыгъ, – ыIуагъ.

Ятэ зыукIыгъэр а лIыжъэр арэу къычIэкIыгъ.

– Чатэм сегъэплъ, тят, дэгъоу къышIыжьыгъэмэ, – риIуагъ лIыжъым кIалэм. Чатэр къыритыгъ ригъэплъынгоу. Чатэр псынкIэу Iэпипхъотыжьыгъэти, нартыжъым шIу ыгу зэрэхэмылъыр ышIагъ. ЛIыжъым кIитхъужьыгъэти, Пэтэрэз лъежьагъ еонджэ. КIахьи ятэ зыукIыгъэ лIыжъэр Пэтэрэз ыукIыжьыгъ. Джащ щегъэжьагъэу нарт жъалымэу щыIагъэхэр щымыIэжьэу хъугъэ. Пэтэрэзи гъэнэфагъэ хъугъэ.

#Djrz_IуэрыIуатэ
«МУХЬЭМЭТИТI»

МухьэмэтитI щыIэт, жи, зыр мыбы щыщ хуэду, зыри Джылахъстэнейм щыщ хуэду. ЩыIэти, «мыйтIум нэхъ зэщхь егъащIэм тлъэгъуакъым» жаIэт.

Мыбы щыIэ Мухьэмэтым «уэрей, мы сэ къызагъэщхь Мухьэмэтыр зэ зэзгъалъэгъунмэ, – жери, еуэщ абими гъуэгуанэ техьащ.

Гъуэгуанэ техьэщ аби, аурэ жэш хъури, гъуэмыладжэу зы мэз къыщIэнащ, мыкIуэжыфу, шхын щхьэ лIэуэ. «НэгъуэщI Iэмал симыIэ, – жиIэщ, – къуацэ-чыцэ зэхуэсхьэсынщи къыблэж-ныблэж мэз бжэн, тхьэкIумэкIыхь зыгуэрхэр къэзукIынщ, згъэжьэнщи сшхынмэ», – жери, абдежым мафIэ щIидзауэ, зы фоч иIыгъыу щысу, зы мэз бжэн блэкI пэтрэ еуэщ абими къиукIащ.

КъиукIщ, и фэр трихщ, и гужьэжьейри кърихри, адрейри жыгым фIидзащ. ИтIанэ зы пхъэ дзасэ ищIщ аби, мафIэм триубыдауэ игъажьэу щыту, зы Iэуэлъауэ зэхихащ…⬇️

Тхыгъэр и кӏыхьагъкӏэ ВК-м щывгъуэтыфынщ - https://vk.com/wall-91320497_4889

#Djrz_Гъуазэрытхэ
Group is closed

Адыгэбзэр бджыну ухуей?

Инджылызыбзэ яӏурылърэ адыгэбзэ (къэбэрдей диэлект) зэзыгъэщIэну гукъыдэж зиӏэхэр "Djarez"-м ди он-лайн-кIуурсым фыкъыдогъэблагъэ. Едгъэджэфынур зы мащӏэщ. Ди Direct-м фыкъатхэ. Дерсхэр зэрекIуэкIынур урысыбзэщ. КIуурсыр пщӏэншэщ.

Do you want to learn Circassian?

Language club "Djarez" invites you to join English speaking group for learning Сircassian language ON-LINE. For free.
The number of students is limited.
To sign up please DM us.
Набор в группу закрыт

Адыгэбзэр бджыну ухуей?

Урысыбзэ яӏурылърэ адыгэбзэ (къэбэрдей диэлект) зэзыгъэщIэну гукъыдэж зиӏэхэр "Djarez"-м ди он-лайн-кIуурсым фыкъыдогъэблагъэ. Едгъэджэфынур зы мащӏэщ. Ди Direct-м фыкъатхэ. Дерсхэр зэрекIуэкIынур урысыбзэщ. Курсыр пщӏэншэщ.

Языковой клуб "Djarez" ведёт набор в русскоязычную группу по изучению черкесского языка (кабардинский диалект) он-лайн. Курсы бесплатные. Количество мест ограничено. Для записи пишите в Direct.

Language club "Djarez" invites you to join Russian speaking group for learning Сircassian language ON-LINE. For free.
The number of students is limited.
To sign up please DM us.